СИ ГЪУЭГУГЪЭЛЪАГЪУЭ

Мы махуэхэм илъэс 70 ирикъуащ ди республикэм и
хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зи цIэр фIыкIэ щыIуауэ щыта журналист Iэзэ, унафэщI IэкIуэлъакIуэ, УФ-м, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ
я лэжьакIуэ Къардэн Мухьэмэд Мучэзир и къуэр къызэралъхурэ.ИлъэсиплIи дэкIыжащ а цIыху щыпкъэр дунейм зэрехыжрэ.
Пэжыр жысIэнщи, сэ Мухьэмэд фIыуэ сцIыхуу, сыдэлэжьауэ е сыдеджауэ щытакъым, атIэми арат журналистикэм щызиIэ зэфIэкIхэм
сеплъыжыну Iэмал къызэзытар, абыкIэ гъуэгугъэлъагъуэ икIи чэнджэщэгъу схуэхъуар. Къардэным япэ дыдэу сыщрихьэлIар Аушыджэр жылэращ, Совет
Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатий къызэралъхурэ илъэси I00 зэрырикъур щагъэлъапIэм щыгъуэ. Къардэн лъэпкъым я зэгухьэныгъэм и
лIыкIуэхэм ящыщ Мухьэмэд жыджэру хэтащ Iуэхум. Сэ сыдихьэхат абы и утыку итыкIэм, зыIыгъыкIэм, хужаIэ псалъэ дахэхэри зэхэсхат. Тхэным гу
хуэзыщIауэ абы щIэхъуэпс сэ сытегушхуэри сыбгъэдыхьауэ щытащ а нэхъыжьыфIым. Абы жесIат журналистикэм сызэрыдихьэхыр икIи зи пашэ
газетым зыпысщIэну си нэ къызэрикIыр. Гупсэхуу къызэдэIуа нэужь, абы жиIащ си тхыгъэхэр газетым езгъэхь зэрыхъунур, хъуххэнумэ, ахэр
къызэрытрадзэнур. А псалъэхэм дамэ къыстрагъэкIат абы щыгъуэ. Зэман дэкIри, си тхыгъэхэм къытехуэу щIадзащ «Советская молодежь» газетым.
Мухьэмэд и фIыгъэт журналист ныбжьыщIэхэр зыхэт «Акулы пера» школым и зэIущIэхэм срихьэлIауэ зэрыщытари. А дерсхэр сэбэп
къысхуэхъуат тхэным нэхъ хуэIэижь сыхъунымкIэ. Журналист диплом сымыIэми, сэ солIалIэ тхыгъэхэр екIуу зэрызгъэхьэзырыным, псори
къызэмыхъулIэми, сыхущIокъу си Iэзагъым зэрыхэзгъэхъуэным. НобэкIэ схулъэкIIами зи фIыгъэу къэслъытэр а лэжьыгъэм сытезыгъэгушхуа,
тхэным сэ схуэдэу дихьэх куэдым сэбэп яхуэхъуа Къардэн Мухьэмэдщ. ДунеягъэкIэ псапэу щилэжьар бэгъуауэ Тхьэм къритыж а цIыху
щыпкъэм, и ахърэтыр нэху ухъу. Ар зыцIыхуу щыта куэдым фIыкIэ я гум къызэринам шэч хэлъкъым. Адыгэ тхакIуэ, драматург цIэрыIуэ IутIыж
Борис жиIауэ щытащ мы псалъэхэр: «ФIыкъым щымыIэжым куэдрэ утегъэныр, ГъащIэм фIэфIыр псоми ебэкъуэфхэращ, Ауэ дауэ уи гум
узэребэкъуэнур, Абы и блэкIари нобэри уэращ»...

 

ДЖЭДУГУЭШ Оксанэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ