ЛАСИЦКЕНЕ МАРИЕ ДЫЩЭМ НЭСАКЪЫМ

Мэзкуу къалэм СпортымкIэ и къэрал университетым и спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысей щIымахуэ» атлетикэ псынщIэмкIэ XXXIII дунейпсо зэхьэзэхуэр. Абы хэтащ Олимп джэгухэм я чемпионкэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Ласицкене (Кучинэ) Марие икIи етIуанэ увыпIэр къихьащ.

Дуней псом щыцIэрыIуэ ди лъахэгъу спортсменкэм лъагапIэхэм елъэнымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм къыщищтащ метр 1,91-рэ, ауэ дыщэ медалым щхьэкIэ ар мащIэу къыщIэкIащ. Япэ увыпIэр къызыхьа Спиридоновэ Наталье абы щхьэкIэ щхьэпрылъащ метр 1,93-рэ зи лъагагъ елъапIэм.

Илъэсым зэрыщIидзэрэ Ласицкене Марие мыр и еплIанэ медалщ. Иджы абы къыпэщылъщ Алексеев Виктор и фэеплъу мазаем и 15-м Санкт-Петербург къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм хэтыну.

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.