Ашшурбанэпал и тхылъ хъумапIэр

ЛIэщIыгъуэ блэкIам икухэм хуэзэу, Тигр псыежэхым и Iуфэм деж археологхэм зы Iуащхьэшхуэ къыщагъуэтыжауэ щытащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар Ассирие жыхуаIэ пасэрей къэралым и щыхьэр Ниневие къалэрат, абы и зэманыгъуэр ирихьэлIащ ди эрэм ипэкIэ VII лIэщIыгъуэм. 

Пасэрей щэнхабзэхэм я гугъу щIэх-щIэхыурэ щIэтщIым щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Ди лъэпкъым тхылъымпIэм е нобэ зи гугъу тщIым ещхьу, ятIэм къыхэIущIыкIауэ щIэныгъэ фэеплъ къызэрыщIэмынам акъылыр тыншу пхуегъэзэгъыркъым. Абы къыхэкIыу, япэрауэ, апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэхэр къызэзынэкIахэм ар къазэрехъулIа щIыкIэр тфIэгъэщIэгъуэнщ. Щхьэусыгъуэ ­етIуанэр икIи нэхъыщхьэр - нобэ ди тхыдэр зэдгъэщIэжыну, зыгуэрхэр къэдгъуэтыжыну дыхуейуэ жытIэ пэтми, щхьэгъэпцIэж ­хуэгъэфэщэныгъэхэр куэд мэхъу, ауэ щыхъукIэ щIэныгъэкIэ узэджэфынум дихьэхыр зэрымащIэрщ, зыхэдмыщIыкIыр нэхъыбэжщ. 
«Ашшурбанэпал и библиотекэ», «Куюнджик и тхылъ хъумапIэ» - а фIэщыгъэ псори зытеухуар Ниневием и пащтыхьу щыта Аш­шурбанэпал и цIэм епха щэнхабзэ щIэинырщ. 
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, мыбы къыщагъуэтыжа тхылъхэр зэрытхар тхылъымпIэтэкъым, атIэ чырбыш гъэжам къыхэIущIыкIа хьэрф­хэмкIэт. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт, чырбышыр быдэ мыхъу щIыкIэ зыгуэр тефтхэу, ар хьэкум щывгъэгъущыжу. Апхуэдэ гуэрщ мы «ятIэ пхъэбгъухэр» жыхуаIэу, тхыдэм и щIэныгъэ хъумапIэу къыщIэкIар. Зэман кIыхькIэ ахэр къагъуэтыж пэтми, итым зыри ­къемыджэфу щытащ. Хуэмурэ щIэныгъэлIхэм зрагъэщIащ ятIэ пхъэбгъухэм тет, шумерхэм, иужькIэ аккадхэм я бзэр. 
Ашшурбанэпал и библиотекэм апхуэдэ ятIэ пхъэбгъу цIыкIуу  мин 30-м нэс къыщагъуэтыжащ. «Iэрытххэр мафIэм исыркъым» жаIэркъэ? Ниневием къыщыхъуа мафIэсхэми хиубыдат Аш­шурбанэпал и библиотекэри, ауэ ятIэр мафIэм исыным и пIэкIэ, ­нэхъ быдэж ищIри, нэхъыфIыжу хъума хъуащ. 
ЗэрыжытIауэ, мы пасэрей ятIэ пхъэбгъу цIыкIухэм тет тхыгъэхэр нэхъыбэу зыхуахьыр шумер, аккад бзэхэрщ. Ипэрейхэр хуэмурэ текIуэтри, а бзэмкIэ ящIэ псори аккадыбзэкIэ ятхыжащ. Пасэ­рейхэм пщIэшхуэ хуащIу щытащ нэгъуэщIыбзэкIэ зекIуэ тхыгъэхэм, абы и фIыгъэкIэ бзитIымкIи кърахьэлIа щэнхабзэр кIуэдакъым. 
Нобэ щымыIэж Ассириер япэу къэралыгъуэ архив зэхуэзыхьэ­са щIыналъэу пхужыIэнущ. Мэкъумэшым, дзэм теухуа тхыгъэхэр, ­пащтыхьым къищта унафэхэр – а псори щызэхуэхьэсащ Нине­-вием дэта библиотекэм. Тхыдэм теухуа хъыбархэр, медицинэм ­епха хущхъуэ зэхэлъхьэкIэхэр, уеблэмэ шумерыбзэр къызэрипхыну псалъалъэхэр - а псори къыщежьар Ассирие библиотекэрщ. Ауэ цIэ зэрихьэр Куюнджик щIепхар, нобэрей картэмкIэ ар Тыркум щыIэ а щIыпIэм зэрыхиубыдэрщ. 
Псо дыдэри мыбы и закъуэ щызэхуахьэса къыщIэкIынкъым. Лъэрызехьэу щыта къэралым къизэуа лъэпкъ цIыкIухэм я дежи ­зыгуэрхэр къызэрыришам шэч хэлъкъым. А псори зи фIыгъэр  хэт? Тхылъхэр фIыуэ зылъагъуу щыта пащтыхь Ашшурбанэпалщ. Пасэрей КъуэкIыпIэм щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъу иса пащтыхьхэм язщ ар. И адэ Ассаргадон и къуэр къады нэхъыщхьэ ищIыну хуейти, а зэманым цIыхум ищIапхъэу къалъытэ псоми иригъэджащ. Арати, щIэныгъэм хуэпабгъэ адэм езым и хъуэпсапIэхэм и къуэр тригъэIэбащ. Пащтыхьым и унафэкIэ тхыгъэхэр къизытхыкI «тха­кIуэхэр» мин бжыгъэкIэ щылажьэрт и сэрейм. Езыр щыпсэуа унэш­хуэм и етIуанэ къатым щыщ пэш зыбжанэ тхылъ е ятIэ пхъэбгъу фIэкIа щIэмылъу щытащ. 
Ассириер лъэрызехьэу зэрыщытар щIэныгъэкIэ зэрыерыщам иупхыфынущ. Пасэрей Мысырым нэгъунэ къаубыдауэ щытащ абыхэм икIи илъэс 20-кIэ Египетыр Ассирием и унафэм щIэтащ. Япэрей картэхэри къыщагъуэтыжар мы щIыпIэращ. Абы я пса­лъалъэхэм я фIыгъэкIэщ иджырей археологхэм Iэмал зэрагъуэ­-тар ятIэ пхъэбгъухэм ит тхыгъэхэм къеджэну. 
Нобэ цIыхур зыщыгъуазэ щIэныгъэмкIэ зыужьыныгъэкIэ нэхъ лъагэу щытар Месопотамие жыхуаIэ, Тиргррэ Ефратрэ я зэхуа­-  кум щыIа щIыналъэхэращ. Пасэрей астрономхэри, хьисэп щIэ­ныгъэлIхэри, географиемкIэ Iэзэхэри, медицинэ IэщIагъэкIэ ипэ ищахэри къыщагъуэтыжыр мыбдежырщ. 
Сыт хуэдэ теплъэ зэрытар а къагъуэтыжа библиотекэм щIэлъахэр? Дауи, апхуэдэ «ятIэ тхылъ» птхыныр Iуэху цIыкIутэкъым икIи тынштэкъым. Хэт кIыхьагъкIэ сантиметр 45-м нос, хэт нэхъ инщ е нэхъ цIыкIущ. Я нэхъыбэр инагъкIэ дэ блокноткIэ дызэджэ жыпхъэм итщ. ЯтIэ пхъэбгъур мащIэу ягъэуцIынырт, IуданэкIэ сатырхэр тращIыхьырти, абдежым тратхэу къыщIэкIынт я тхыгъэхэр. Хьэзыр хъуа тхылъхэр дыгъэм щагъэгъущыжырт е хьэкум ­иралъхьэрти ягъэгъурт. 
Иджы зэгъусэу девгъэгупсысыт. Дэнэ адыгэхэм «тхыгъэ», «тхыпхъэ» псалъэхэр къыздрахар. Хуэбгъэфащэ зэрыхъумкIэ, ар зэп­-хар мы зи гугъу тщIы ятIэ пхъэбгъухэрщ. Абыхэм тращIыхь тхыпхъэхэр е тхыгъэхэр къызэрежьа мыхьэнэм тету адыгэбзэми ­къищтащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, фащэхэм тращIыхь тхыпхъэхэр иджы къытхуимыхыж тхыгъэу, мыхьэнэ пыухыкIа зиIэ псалъэу хуэзыгъэфащэ щыIэщ. 
Япэу мы библиотекэр къыщагъуэтар 1841 гъэрщ. Ар апхуэдизкIэ хъыбарышхуэти, Франджым щыщ археолог Боттэ Поль-Эмиль и Хэкум телеграммэ иригъэхьауэ щытащ Хьэрыпым иригъэхри:  «Си гугъэмкIэ, пасэрей ухуэныгъэхэр къэзгъуэтащ. Мыр зыхиубыдэр Ниневием и зэманыгъуэрщ». Ауэ Боттэ къыIэрыхьар абы и зы Iыхьэщ. 1852 гъэм нэхъ цIэрыIуэу щыта археологхэм хабжэ Лэйард Генри Ашшурбанэпал и сэрейр зэрыщыту къыщIитIыкIыжри, абы къыщагъуэтауэ щытащ ятIэ тхылъхэр. Къэралы­гъуэр кIуэдыжыху ар пащтыхьхэм къагъэсэбэпащ. ГъэщIэгъуэн­ращи, къагъуэтыжа пэтрэ, псори здахь Великобританием ар иджыри илъэс щэщIкIэ зыми къыфIэмыIуэхуу щыщагъэлъащ, къы­зэремыджэфым къыхэкIыу. А псом къитхращи, щIэныгъэр ­гъуэтыгъуейщ, ауэ кIуэдыжыгъуафIэщ. «Тхэн, тхын» адыгэ псалъэхэм я мыхьэнэр апхуэдэу жыжьэ щыIэбэкIэ, къэтлъыхъуапхъэр мащIэкъым. 
ЧЭРИМ  Марианнэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.