Дохутырхэм я хасэм и лъэр егъэбыдэ

«Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и ещанэ зэхуэсыр «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхыхьэ иныр щекIуэкI ВДНХ-м щызэхэтащ. Абы къыщызэщIакъуэжащ Хасэм 2023 гъэм иригъэкIуэкIа лэ­жьыгъэхэр. 

ЗэIущIэм кърихьэлIащ АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, УФ-м и Федеральнэ Зэ­хуэсым ФедерацэмкIэ и советым КъБР-м къыбгъэдэкIыу щыIэ Къанокъуэ Арсен, АР-м и сенатор Хъупсырокъуэ Мурат, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, АР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и ми­нистр Мерэтыкъуэ Рустам, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Сабий хирургиемрэ травматологиемкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым нейрохирургиемкIэ и къ­удамэм и унафэщI, «Дохутырхэм я хасэм» и Iэтащхьэ Семэн Жаннэ, хасэм хэтхэр. 
Хасэр 2022 гъэм и жэпуэгъуэм къызэра-  гъэ­пэщащ, абы щыгъуэм хэтар цIыхуи 100 хъууэ щытамэ, иджы ар куэдкIэ нэхъыбэщ.  НобэкIэ а зэгухьэныгъэм Iуэху щащIэ медицинэ IэщIагъэлIи 192-м, ахэр Москва и медицинэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щыла­жьэ­хэмрэ къалэ, федеральнэ сымаджэщхэм щыIэ дохутырхэмрэщ. Зи гугъу тщIыхэм яхэтщ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктору 20, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидату 33-рэ. «Дохутырхэм я хасэм» и унафэщIым иджыри тIу дыщIагъуащ - Мейкъуапэ къэрал технологие университетым и ректор Къуиижь Саидэрэ ­Ломоносовым и цIэр зезыхьэ Москва къэрал университетым и Медицинэ щIэныгъэ-егъэ­джэ­ныгъэ центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь ПщыхьэщIэ Ахьмэдхъанрэ. 
Хасэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм я медицинэ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ пщIэншэу ядэIэпыкъуныр. Апхуэдэуи зэгухьэныгъэм ­хэтхэм IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм зыщIа­гъакъуэ, медицинэ егъэджэныгъэм, медицинэ щIэныгъэм, медицинэ IэщIагъэм я зэпы­щIэныгъэр ягъэбыдэкIэрэ ди дохутырхэм я зэфIэкIыр хагъахъуэ. 
Езы ди лъэпкъэгъу дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, Хасэм и уставым къыщыгъэлъэгъуащ зэрылэжьэну лъэныкъуитIыр, ар: щIыхьэхурэ къаныгъуэрэщ. Закъыхуэзыгъазэ сымаджэ­хэм зэрадэIэпыкъунур, медицинэм хуеджэ студентхэмрэ IэщIагъэм пэрыхьагъащIэхэмрэ я Iэзагъыр хагъэхъуэнымкIэ зэрегугъунур а адыгэ псалъитIым къагъэлъагъуэ. 
Ди къэралым и сымаджэщ, институт нэхъыфIхэм ди лъахэгъу куэд ехъулIэныгъэхэр яIэу щолажьэ, ахэр республикэхэм икIахэм ядэIэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзырщ. Апхуэдэу зэрыщIэу зэрылажьэм и фIыгъэкIэ блэкIа ­пIалъэм къриубыдэу цIыху 500-м щIигъум зыщIагъэкъуащ. Сымаджэхэр Москва зэры­кIуэнури, здэгъуэлъыну сымаджэщри, зэ­кIуэлIэну дохутырри, зэрызигъэхъужынури яуб­зыху мы дохутырхэм. 
КъищынэмыщIауэ, «Къаныгъуэ» проектым хыхьэу дохутыр ныбжьыщIэ 12-м ядэIэпы­къуащ гъэсакIуэу 10. Апхуэдэуи адыгэ дохутырхэр и жэрдэмщIакIуэу Москва щIэныгъэ-­практикэ конференц зыбжанэ щызэхашащ, Адыгеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ егъэ­джэныгъэ курсхэр щрагъэкIуэкIащ. Ахэр ехьэ­лIат терапием, кардиологием, офтальмоло­гием, урологием, акушерствэм, гинекологием, нейрохирургием, нэгъуэщIхэми. Мы гъэм а курсхэм хагъэхьэнущ онкологием, дерматовенерологием, луч диагностикэм, фармакологием епха лекцэхэри. Апхуэдэ егъэджэ­ныгъэхэм нэмыщI, я IэщIагъэм зэрыхашэ школ-семинархэр къызэрагъэпэщыну я мурадщ, сабий хирургиемрэ травматологиемкIэ - Налшык, нейрореабилитацэмкIэ - Мей­къуапэ. Студентхэм нэмыщIи, а семинархэм ­екIуалIэ хъунущ ди хэгъэгухэм щылажьэ ­дохутырхэр. Зи гугъу тщIы школхэм щызэп­кърахынущ медицинэм и иджырей Iэмалхэмрэ узыфэ нэхъ гугъухэм я еIэзэкIэмрэ. Дохутырхэм лекцэ къахуеджэнур зи IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкIхэрщ, абыкIэ адрейхэм шэ­рыуэу ядэгуэшэфхэрщ, къэралым и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ центрхэм, еджапIэ нэхъыщхьэ цIэрыIуэхэм щылажьэхэрщ. 
Къыпхуэмылъытэну щхьэпэщ мы зэгу­хьэныгъэм и фIыгъэкIэ лэжьэн щIэзыдза­гъащIэ дохутырхэм IэщIагъэм и пIалъэр зэрырагъащIэр, дохутыр лъэрызехьэхэм яб­гъурыту ирагъэлъагъухэр, махуэ къэс щIэуэ ­къежьэ медицинэ Iэмэпсымэхэр респуб­ликэхэм тыншу къыщагъэсэбэпу ди IэщIагъэлIхэр зэрыхуагъасэр. 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.