«Псэ быдэ Тхьэм ищI» хъуэхъум нэхърэ нэхъ дахэу куэд хэт къыщIэкIынкъым ди анэдэлъхубзэм. А псалъэхэм ещхьу цIыхум хэлъыпхъэ псори къызэщIэзыубыдэ хуэупсэныгъи гъуэтыгъуейщ.
Сабийр узыншэу, Iэпсолъэпсоуэ, лъагъугъуафIэу, Iущу, хьэл дахэ хэлъу дунейм къытехьэн папщIэ, диныр щIэгъэкъуэнышхуэ зэрыхъум щымыгъуазэ щыIэщ. КъурIэн лъапIэм и сурэхэри, Iэят щхьэхуэхэри, духьэхэри иджыри дунейм къытемыхьам урихуэлъэIуэнкIэ щхьэпэщ. Адэ-анэм я лъэIур сыт щыгъуи къабыл мэхъу зэрыжаIэм тетуи, цIыхум хэлъыпхъэхэр Алыхьталэм сабийм и натIэм къритхэну гугъэшхуэ щыIэщ. Ахэр дыгъуасэ-нобэкъым щагъэунэхуар, кIэщIуи кIыхьуи хъыбар гъэщIэгъуэн куэд дин щэнхабзэм хэтщ, нобэ зи гугъу тщIыхэр уи фIэщ ищIу, зыIэщIэбгъэкIыным ухуигъэсакъыу. Щапхъэхэм я нэхъ наIуэщ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къызэринэкIа щIэблэмрэ и унагъуэмрэ.
- Быныр лъагъугъуафIэ хъун папщIэ, «Исуф» сурэм укъеджэныр фIыщ. АрдыдэмкIэ щхьэпэщ нысащIэм и ныбэм и Iэр трилъхьэу, махуэ къэс Алыхьталэм и цIэ лъапIэу «Iэл-мущэууир» («Теплъэ езытыр») куэдрэ къибжыныр. КъинэмыщIауэ, кхъужьым, купхъым (гранат), хьэиуэм, хъэуаным, хъарбызым хъерышхуэ хэлъщ сабийр лъагъугъуафIэу, щэныфIэу икIи губзыгъэу къэхъунымкIэ. «Сабийр Лэкъумэн хуэдэу Iущу, Исуф хуэдэу дахэу къэхъун папщIэ, а цIэхэр зезыхьэ сурэхэм махуэ къэс къеджэн хуейщ», - жызыIэ чэнджэщи щыIэщ.
- Дунейм къытехьэну цIыкIум хьэл щабэ иIэн папщIэ, «Ибрэхьим» сурэм къеджапхъэщ.
- И быным хьэл-щэн дахэ хилъхьэфынущ ар ныбэм илъыху 70-рэ «Iэл-Инсан» сурэм къеджэм.
- НысащIэр махуэ къэс «Марьям» сурэм къеджэмэ, анэмрэ бынымрэ тыншу зэIэпыкIынущ.
- Дунейм къытехьэну цIыкIум бегъымбар хьэл хэлъыну хуейр «Iэл-IэнбияI» сурэм нэхъ мащIэ дыдэу 70-рэ къеджэнщ, зэрыхъукIэ япэ мазиплIым къриубыдэу.
- Ипэрей мазиплIым къриубыдэу нысащIэм «субхьанэллахьи уэ бихьэмдихьи» псалъэхэр мин 70-рэ къибжмэ, сабийм Iиман хэлъу къэхъунущ.
- «Iэхьраф» сурэм и 189-нэ Iэятым махуэ къэс укъеджэмэ, сабийр Iэпсолъэпсоууэ икIи узыншэу щытынущ.
- «Имран и лъэпкъыр» сурэм куэдрэ укъеджэмэ, ныбэм илъ сабийр шейтIаным щыхъума мэхъу.
- Сабиймрэ анэмрэ Бегъымбар лъапIэм ипхъу ФатIимэрэ и щIэблэмрэ хуэдэу тыншу зэIэпыкIын папщIэ, махуэ къэс Алыхьыр арэзы зыхуэхъун ФатIимэ и цIэкIэ зэ «Фатихьэ» укъеджэу мылъку хуэпщIыныр фIыщ.
- Быныр дунейм къытехьэн гъунэгъу хъумэ, «Иншикъакъ» сурэм, «Iэятуль Курсийм», «Iэл-Iэгьраф» сурэм и 54-нэ Iэятым укъеджэну щхьэпэщ.
- Сабийм цIыхум хуэфащэ фIагъ псори хэлъын плъапIэкIэ махуэ къэс «Ясин» сурэм укъеджэныр фIыщ.
- НысащIэ уэндэгъур махуэ къэс зы жуз къеджэфмэ, сабийр ныбэм щилъ мазибгъум КъурIэным бгъуэ уикIауэ хъунущ, абы къыпэкIуэ псапэр къыпхуэмыбжыныщ.