Туристхэр кърашалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэ­хэр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхуну Минводы къалэм къикIри, экскурсоводу 19 Налшык  иджыблагъэ щыIащ. 

Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къы­зэрыхигъэщамкIэ, хьэщIэхэр авто­бускIэ къра­шэкIыурэ республикэм и щIы­пIэ нэхъ дахэхэр ирагъэлъэгъуащ. Къапщтэмэ, абы­хэм ди къалащхьэм и Къэ­бэрдей уэрамым и лъэс зекIуапIэм ­къыщакIухьащ, Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым, Политикэ залымыгъэ зыкIэ­лъы­зэрахьахэм я фэеплъым щыIащ, Що­джэнцIыкIу Алий и музеймрэ Кулиев ­Къайсын и музеймрэ зрагъэлъэгъуащ. 
Гъунэгъу щIыналъэм щыщ, дунеяп­лъэ­хэр, зыгъэпсэхуакIуэхэр къезы­шэкI­хэр нэ­хъы­­бэу   щIыналъэм къы­щIэкIуар ди щIы­пIэ дахэхэр зрагъэцIыхуу туристхэм я экск­ур­с­­хэм Налшык къалэри хэгъэ­хьэну аращ. 
ХьэщIэхэм зэрыжаIамкIэ, псом хуэмы­дэу абыхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ Що­джэнцIыкIумрэ Кулиевымрэ ятеухуа хъы­бархэр. Къыхагъэщащ щIэ куэд къы­зэрыхахар икIи я лэжьыгъэм хагъэхьэу а музейхэм туристхэр къашэн щIадзэну зэрамурадыр. 

НАУРЫЗЫКЪУЭ  Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.