Зэхыхьэ гукъинэжхэр

ЩIышылэм и 25-р Урысей студентым и махуэщ. Хабзэ хъуауэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ колледжхэмрэ щеджэ щIалэгъуалэм папщIэ абы ирихьэлIэу зэхыхьэ гукъинэжхэр къызэрагъэпэщ. Ди щIыналъэми а махуэр щагъэлъэпIащ.

Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым Iуэху щIэщыгъуэхэр пхыгъэкIынымкIэ и центрым и проект студием щIышылэм и 25-м щагъэлъэгъуащ Урысейм и ехъулIэныгъэхэм ятеухуа документальнэ фильмыр. Ар хагъэхьащ студентым и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэм.
Студентхэм зыхагъэгъуэзащ выставкэм хыхьэу щIэныгъэм, технологием, промышленностым, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм ехьэлIауэ къэралым иIэ ехъулIэныгъэхэмрэ зыужьыныгъэхэмрэ. Фильм нэужьым абы еплъахэр тепсэлъыхьыжащ, я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэдэгуэшащ. 
ЗэрытщIэщи, мы махуэм къэралым ис щIалэгъуа­лэ минищэхэр зэкъуегъэувэ. Ар и дамыгъэщ студент гъащIэм и мыхьэнэм, къэхутакIуэ щIалэхэм щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ хуащI хэлъхьэныгъэхэм. 
Махуэшхуэм къыдекIуэкI тхыдэ дахэр 1755 гъэм къыщожьэ, пащтыхь гуащэ Елизаветэ Пётр и пхъум «Об учреждении Московского университета» унафэм Iэ щыщIидзам. Языныкъуэхэм ар Татьянэ и махуэу къалъытэ, щихъ Татьянэ и фэеплъ махуэм зэрытехуэм къыхэкIыу. 1850 гъэм а махуэр япэу Москва щагъэлъэпIащ. КъыкIэлъыкIуэу нэгъуэщI щIыналъэхэми ар япхъуэтащ. XX лIэщIыгъуэм и пэхэм Урысей студентым и махуэм щIалэгъуалэм я деж зыщиубгъуащ. Псом хуэмыдэу Совет Союзым а махуэм нэхъри гулъытэ щигъуэтащ. Абы ирихьэлIэу щэнхабзэ, спорт зэхыхьэ зэмылIэужьы­гъуэхэр, концертхэр, фестивалхэр, пшыхь гукъи­нэжхэр ирагъэкIуэкIырт. Совет къэралыр къутэжа нэужьи, махуэшхуэр гъэлъэпIэн щагъэтакъым. 
Бжьыхьэ Розэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.