Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр дахэу щагъакIуэхэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща «Адыгэ вагъуэзэшибл» зэхыхьэр.
«Налшык Курорт» зыгъэпсэхупIэм махуэ зыбжанэ нэгузыужьу щагъэкIуащ Сирием къикIыжу ди деж къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэм, Иорданием, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыкIухэм. А Iуэху дахэм трагъэкIуэдэну ахъшэр ДАХ-м къыщихьащ УФ-м и Президентым и Грантхэм я фондым къызэригъэпэща зэпеуэм.
Илъэсиблым щегъэжьауэ пщыкIутхум нэс зи ныбжь сабий плIыщI щызэрыцIыхуащ, зэныбжьэгъу щызэхуэхъуащ абы. НыбжьыщIэхэм анэдэлъхубзэр щрагъащIэ дерсхэр, мастер-классхэр, акъылзэхэдзэ, я къэухьым зезыгъэужь зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр драгъэкIуэкIащ.
ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий фIыщIэ яхуищIащ сабийхэм къегугъуу къабгъэдэта псоми.
ХьэщIэ цIыкIухэм папщIэ нэгузыужь концерт къызэрагъэпэщат ди республикэм щыщ сабий зэчиифIэхэм, лъэпкъ къафэхэмкIэ «Кавказ пшэплъхэр», «Асса» ансамблхэм, «Ритмы гор» бэрэбэнауэ гупым. Абыхэм гуимыхужу зыкъагъэлъэгъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыIа пIалъэм къриубыдэу сабийхэм ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм зыщрагъэплъыхьащ, ахэр нэхъ гъунэгъуу ирагъэцIыхуащ. Псом хуэмыдэу гукъинэж ящыхъуащ «Трек» гуэлым кхъуафэжьей цIыкIухэмкIэ зэрыте-тар. ИужькIэ ныбжьыщIэхэр сурэт щIынымкIэ зэпеуащ, нарт эпосым щыщу езыхэм нэхъыфIу ялъагъу лIыхъужьым и теплъэр къагъэлъагъуэурэ.
Гукъыдэж зиIэхэм лъэпкъ къафэ-хэм зыхуагъэсэнуи Iэмал яIащ.
Шэч хэмылъу, а гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм щыIа сабийхэм къахуэщхьэпэн куэд абы къыхахащ. Нэхъыщхьэращи, лъэпкъ, хэку лъагъуныгъэм и IэфIыр зыхащIэну Iэмал яIащ.