Сабийхэм я дуней телъыджэм

КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным гулъытэ хэха щигъуэт мы лъэхъэнэм а лэжьыгъэр нэхъри егъэ­фIэкIуэным Iэмал куэд хуагъэпс. «Чы щIыкIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъуа нэужь къыпхуэгъэшыжынукъым», - жыхуиIэращи, къызыхэхъуа уна-  гъуэм сабийм щыдаубла гъэсэныгъэм адэкIэ япэу пызыщэ Iуэху­щIапIэхэм ящыщщ ахэр зэкIуалIэ ­садхэр. Мыбдеж къыщыхэгъэщыпхъэщ, а гъэсапIэхэм щылажьэ дэтхэнэми (унафэщIымкIэ къыщы-        щIэ­дзауэ хъумакIуэм деж щиухыжу) ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ мардэхэм куэдкIэ зэрелъытар абыхэм я нэIэ ­зытет цIыкIухэм я дуней еплъыкIэри гупсысэри зэтеувэнымкIэ. Псом хуэ­дэжкъым гъэсакIуэхэмрэ абыхэм я дэIэпыкъуэгъу гъэсакIуэ нэхъы­щIэ­хэмрэ. 

Иужьрейхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкIхэмрэ наIуэ къыщыхъу зэпеуэ хьэлэмэт иджыблагъэ щекIуэ­кIащ Лэскэн щIыналъэм. Ар къызэрагъэпэщащ егъэджэныгъэмкIэ район ­IэнатIэм егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэм. Абы и мурад нэхъыщхьэр гъэсакIуэ ­нэхъыщIэ нэхъыфIхэр утыку къишэн,   ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр наIуэ щIын,  творческэу лэжьыгъэм зэрыбгъ­эды-хьэр къэгъэлъэгъуэн, Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ зэдэгуэшэн, гъэсакIуэ нэхъыщIэм и пщIэр жылагъуэм къы­щыIэтын Iуэхугъуэхэм ехьэлIат. Зэпеуэ хьэлэмэтым и къызэгъэпэщакIуэ­хэм ящыщ, егъэджэныгъэмкIэ щIы­налъэ къудамэм и лэжьакIуэ пашэ ­Хьэфиз Жаннэ зэрыжиIэмкIэ, Iуэхум хэтыну   гукъыдэж зыщIа гъэсакIуэ нэ­хъы­щIитхум ящыщ дэтхэнэри хуэфащэ дыдэт зыпэрыт IэщIагъэм. Нэры-лъа­гъут  абыхэм я IэщIагъэмкIэ щIэныгъэфI зэрабгъэдэлъыр, зэфIэкI лъагэ­хэри зэраIэр.  
ГъэсакIуэ нэхъыщIэхэр унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ зэпеуащ. Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, «Сэлам фызох. Мыр сэращ!», «IэщIагъэмрэ санитар-эпидемиологие хабзэхэмрэ», «Сабийхэм ерыскъы Iэ-нэр къазэрыхузэгъэпэщыпхъэр», «Лэ­жьы­гъэмрэ творчествэмрэ» унэтIыныгъэхэр, нэгъуэщIхэри. А Iуэхугъуэхэм къызэщIиубыдэу районпсо зэпеуэм хэт дэтхэнэ гъэсакIуэ нэхъыщIэми утыкушхуэм щагъэлъэгъуащ сабийхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэр. 
КъыпхуэмыIуэтэным хуэдиз гукъы­дэж­рэ дэрэжэгъуэрэ ягъуэтащ зэпеуэм кIэлъыплъахэм, апхуэдиз Iуэхугъэ хьэ­лэмэтхэмкIэ, купщIафIэхэмкIэ ар гъэн­щIауэ щытати. Псом хуэмыдэу Iуэхум хуэнабдзэгубдзаплъэт  къэп­щы­такIуэ гупыр. Абы хэтт зи цIэ къитIуа ­къуда- мэм и унафэщIхэмрэ IэщIагъэлI­хэм-          рэ, Лэскэн районым и сабий садхэм я гъэсакIуэ пашэхэр, методистхэр. Утыкум щекIуэкIа псоми гупсэхуу щы­гъуазэ зыхуащIа нэужь, къэп­щы­такIуэхэм ягъэ­белджылащ фIыхэм я фIыжу ­къалъыта гъэсакIуэ нэхъыщIэр. Апхуэдэ хъуащ зэпеуэм и япэ увыпIэр зы­хуагъэфэща Мэсей Заринэ. Ар гъэсакIуэ  нэхъыщIэу  щолажьэ Лэскэн ЕтIуа­нэ къуажэм дэт сабий садым (уна­фэщIыр Къумыкъу Эльвирэщ). 
- КъэпщытакIуэ гупым хэт псори ды­зэ­дэарэзыуэ текIуэныгъэр зыхуэдгъэ­фэща Мэсей Заринэ, ди гуапэ зэры­хъущи, зи лэжьыгъэм хуэIэижь, абы творческэу бгъэдыхьэ, щIэщыгъуагъ хэзылъхьэ лэжьакIуэщ.  Зэ еплъыгъуэ­кIэ, гъэсакIуэм и дэIэпыкъуэгъу къудейщ жаIэми, абыхэми лэжьыгъэшхуэ щагъэзащIэ садым. Ахэри йолIалIэ цIыкIухэм я хьэл-щэныр зэтеувэным, я щхьэ хьэрычэт хуащIэжыфрэ я Iуэху ­дагъэкIыжыфу къэтэджыным. Нэры­лъагъу зэрыхъуащи, Заринэ сабийхэм яхуэсакъ, ахэр зыхуей хуэзыгъазэ, пэшхэм я къабзагъэм кIэлъыплъ ­къудейкъым, атIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэми хуэжыджэр, абыкIэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхущ. Утыкушхуэм нуру щыблэу ита Мэсейм дохъуэхъу ехъу­лIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну, и цIэр фIыкIэ иджыри куэдрэ зэхэтхыну, - жиIащ Хьэфиз Жаннэ. - Хуабжьу си ­гуа­пэщ ди сабийхэм ядэлажьэхэм зэ­пеуэм и утыкум ита гъэсакIуэхэм ­­ хуэдэ  куэд  зэрахэтыр. Абы гугъэфI уегъэщI щIэблэ узыншэ щIыналъэм къызэри­хъуэнумкIэ. 
 Районпсо зэпеуэм щытекIуа Мэсей (Шагъыр) Заринэ Лэскэн ЕтIуанэм  дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ   къиухри,  и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ ­КъБКъУ-м и нэIэм щIэт еджапIэхэм ящыщ зым икIи «архив лэжьакIуэ» IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. Апхуэдэу ­хъуами, пщащэ цIыкIум игу илът зэрысабийрэ зэхъуапсэу щыта IэщIагъэр зригъэгъуэтынуи, гъэсакIуэ, макъамэмкIэ егъэджакIуэ  IэщIагъэхэм хуеджэжащ. Мы зэманым Заринэ щIэныгъэ ­нэхъыщхьэ щызрегъэгъуэт Москва дэт информационно-технологие универ­ситетым педагогикэмкIэ и къудамэм. Заринэ унагъуэщ, ар Мэсейхэ я ны- сэщ, и щхьэгъусэ Беслъэнрэ абырэ бынищ яIэщ. 
- Си гуапэу, сфIэгъэщIэгъуэну сыхэтащ гъэсакIуэ нэхъыщIэхэм я щIыналъэпсо зэпеуэм. Абы зыщыхуэзгъэхьэ­зырым сэбэпышхуэ къысхуэхъуа ди садым и унафэщIхэм, ди гъэсакIуэ ­нэхъыжь Елмырзей Олеся сымэ фIы-щIэ ин яхузощI. Дызыпэрыт лэжьыгъэмкIэ дбгъэдэлъ щIэныгъэри зэ­фIэкI­хэри щыдгъэлъэгъуащ, Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ дыщызэдэгуэшащ зэ­пеуэм и утыкум. Абыхэм ящыщ куэд, ­дауи, ди лэжьыгъэм къыщыдгъэсэбэ­пынущ дяпэкIэ. ЖыпIэнурамэ, сэ схуэ-дэ лэжьакIуэхэр дыхэтщ, дыщопсэу ­сабийхэм я дуней телъыджэм. Ар лъэ­ныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ гъа- щIэ хьэлэмэтщ, - жеIэ Заринэ. - Си текIуэныгъэр хузогъэфащэ си анэкъилъху закъуэ,  СВО-м хэту дзэм къулы­къур щезыхьэкI си дэлъху Залым икIи сыхуохъуауэ узыншэу унагъуэм къахыхьэжыну. 
Езы Заринэ и текIуэныгъэмкIэ гуапэу йохъуэхъу къыдэлажьэхэр, сабий садым и унафэщIхэр, зэрыс унагъуэм тхьэмадэрэ гуащэу щиIэ Мэсейхэ Русланрэ Алфусэрэ, и адэ-анэ Шагъырхэ Зауррэ Светланэрэ. Дэри дыдогуфIэ зи лэжьыгъэм творческэу, щIэщыгъуагъ хэлъу бгъэдыхьэ, ар нэжэгужэу езыхьэкI бзылъ­хугъэ цIыкIум. ЕхъулIэныгъэщIэ­хэр зыIэрыбгъэхьэну, зэбгъэгъуэт щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэм и хъерышхуэ плъагъуну, уузыншэу, унагъуэ насыпрэ бын гуфIэгъуэрэ ущымыщIэу куэдрэ упсэуну, сабийхэм я дуней телъыджэм жыджэру хэт, ар зыгъэдахэ Заринэ. 

ЖЫЛАСЭ  Маритэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.05.2024 - 12:25

КIЭРЫХУБЖЬЭРЫХУР УАФЭМ НЭСАЩ

ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ.

10.05.2024 - 09:03

ЗИ ПIАЛЪЭР ИКIАХЭР КЪУАЩЭНУКЪЫМ

2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым.

10.05.2024 - 09:03

ТАЙ БОКСЫМ ДИХЬЭХХЭМ КЪАХОХЪУЭ

Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу а къалэм дэт спорт еджапIэм муай-таймкIэ и тренер Бекбулатов Рашид.

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.