Жэщщысхэр къаублэж

Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музейм зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Абы зы пщыхьэщхьэ щызэхэсащ ныбжьыщIэхэр. «Жэщ­щыс» зыфIаща зэIущIэм куэд кърагъэблэгъащ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытеп­сэ­лъыхьащ, гъащIэм, псэу­кIэм, зэхэтыкIэм теухуауэ уп­щIэ зиIэхэм жэуап иратащ нэхъыжьхэм. 

Жэщщысыр иригъэ­кIуэ­кIащ лъэпкъ гъуазджэм и дунейм фIыуэ къыщацIыху Нэ­-гуэ­рокъуэ Къазбэч. Апхуэдэуи уэрэдыжьхэр жиIащ, шы­кIэп­шынэр игъэбзэрэбзащ, къамылым епщэурэ макъамэ дахэхэр къригъэкIащ. 
Адыгэ Республикэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу  ди лъэпкъэгъухэм ­хуаIэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ, хъы­­барегъащIэ IэнатIэхэмкIэ           и комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр пшыхьыр къы­щы­зэIуихым жиIащ:
- «Жэщщысым» адыгэ щэн­хаб­зэм щиубыд увыпIэр къэгъэнэIуэныр, абы епха хабзэхэр къэIэтыжыныр пшэрылъу зы­хуэд­гъэувыжауэ аращ дэ. НыбжьыщIэхэр бгъэущиинымкIэ, уадэлэжьэнымкIэ, иджырей щыIэкIэ-псэукIэм къигъэув Iуэху­­гъуэхэм хуэбгъэIущынымкIэ жэщщысым сэбэпынагъ куэд пылъщ. Апхуэдэуи адыгэ гупсысэкIэр, адыгэбзэр, адыгэ щэнхабзэр, хабзэр хъумэнымкIэ, зегъэужьынымкIэ IэмалыфIщ. Мыпхуэдэ ныбжьыщIэ зэхыхьэхэр дяпэкIэ нэхъыбэрэ зэхэтшэнущ. 
Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Унэрокъуэ Рае къызэхуэсахэм захуигъэзащ: «Жэщщысыр ныбжьыщIэ зэхыхьэщ, нэхъапэм апхуэдэ-хэр пщащэ цIэрыIуэхэм я унэм щызэхашэрт. Унагъуэм ис бзылъхугъэ нэхъыжъхэр щIа­лэгъуалэм якIэлъыплъырт, яхуэ­сакъырт. 
Пщыхьэщхьэм ныбжьы­щIэ­хэр нэIуасэ щызэхуэхъурт, джэгухэрт, къафэхэрт, щызэдэгушыIэрт. ЩIалэхэм гъуэмылэ яIыгъыу къызэхуэсырти, нэху къатещхьэху зэдэгушыIэжу зэхэст. Иджыри апхуэдэ жэщ­щыс къызэбгъэпэщын хъумэ, хабзэ псоми тету, абы и къа­лэнхэр игъэзащIэу щытын ­хуейщ. Нобэрей ди зэIущIэми дыщытепсэлъыхьынущ ди ­щIалэгъуалэм яхэлъ хьэл-щэ­ным, зэрахьэн хуей хабзэм, псэ­лъыхъу зэхуэхъуа ныбжьы­щIэхэм я зэхущытыкIэм, нэ­хъыжь­хэм яхуэщIын хуей пщIэм, нэгъуэщIхэми». 
Хуабжьу щIэщыгъуэу, гум жьы дригъэхуу, уи нэгу зригъэужьу екIуэкIащ жэщщы-сыр. НыбжьыщIэхэр къафэм-рэ пшынэмрэ щыкуэду, гушыIэкIэ дахэхэр яIэу зэрызэхэсам нэ­мыщI, жэщщысыр къызэзы­гъэ­пэ­щахэм къыхалъхьа зэ­хьэ­зэхуэри гъэщIэ­гъуэн хъуат. 
УсакIуэ Дзыбэ Саниет и усэхэм къеджащ, тхыдэ щIэ­ныгъэхэмкIэ кандидат, АКъУ-м и егъэджакIуэ Цей Заремэ адыгэ къафэм и хабзэхэм щигъэгъуэзащ, Лъэпкъ музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Тау Аслъэн «Адыгэ кIэн» джэ­гукIэр зыхуэдэр яригъэлъэ­гъуащ икIи игъэджэгуащ. «Мыст» ныбжьыщIэ уэрэ­джы­IакIуэ гупми пшыхьыр ягъэ­дэхащ. ЦIэ хьэлэмэт зыфIэзы­щы­жа музыкант гупыр къы­зэрыгуэкIкъым, атIэ цIыхубэм ящыгъупщэжа уэрэдыжьхэм псэ халъхьэж, ар яфIэгъэщIэгъуэну уэрэджыIакIуэхэм яде­жьууащ пшыхьым кърихьэлIахэр. 
Зэпеуэм хэтахэм я зэфIэкIыр къапщытащ АР-м лъэпкъ Iуэ­хухэмкIэ, хамэ къэралхэм щып­сэу ди лъэпкъэгъухэм хуаIэ зэ­пыщIэныгъэхэмкIэ, хъыбар­егъащIэ IэнатIэхэмкIэ и коми­тетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр (къэпщытакIуэ гупым и пашэт), Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт МэшхуэфI Нэждэт, спортымкIэ мастер, Урысеймрэ Адыгеймрэ щIыхь зиIэ я тренер, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Хъуэт Юныс, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ сымэ. Пшыхьым къыщыхэжаныкIахэм саугъэтхэр иратащ. 
Зэхуэсым и кIэухым псоми зэгъусэу «Си нанэ» адыгэ уэрэд цIэрыIуэр щыжаIащ икIи джэгу дахэкIэ зэхуащIыжащ. 
Жэщщысым ныбжьыщIэхэр нэхъ зэпэблагъэ, зэныбжьэгъу зэрищIыр наIуэ къэхъуащ а пщыхьэщхьэм. Абы щапхъэ трахыу адыгэ зэрыс хэгъэгухэм ап­хуэдэ пщыхьэщхьэхэр щрагъэкIуэкIыну сэбэпт. 

НэщIэпыджэ  Замирэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.