Псоми яIэщ къежьапIэ

ГъащIэм къыхыхьэ дэтхэнэ зы Iуэ­хугъуэри тхыдэм и напэкIуэцIхэм ­къыхонэж. Апхуэдэщ ИлъэсыщIэ псейр гъэщIэрэщIэным и хъыбар жы­жьэри.

Урысейм япэ жылагъуэ псей гъэ­щIэрэщIар щагъэуващ Санкт-Петербург и Екатерининскэ (иджыпсту Московскэ) гъущI гъуэгум иIэ мафIэгу ­къэувыIэпIэм. Абы фIащIат хьэпшып цIуугъэнэхэр, IэфIыкIэхэр, пхъэщхьэ­мыщ­хьэхэр. Абдеж къыщыщIэдзауэ Илъэ­сыщIэ псейр унагъуэхэми къалэ утхэми щыгъэувыныр хабзэ хъуащ.
Япэ илъэсыщIэ дауэдапщэхэр ще­кIуэкIар 1817 гъэрщ - пащтыхь Николай Павел и къуэм и унагъуэм ис сабийхэм папщIэ икIи ар зэхьэлIар чыристан диным и Рождестворт (Хъуромэ). Зэры­гу­рыIуэ­гъуэщи, революцэ нэужьым псей гъэ­щIэрэщIам и мыхьэнэр яхъуэжащ. 
Псейхэр зэрагъэщIэращIэ япэ абдж хьэпшып цIуугъэнэхэми яIэжщ езыхэм  я тхыдэ гъэщIэгъуэн. Ахэр XVI лIэщIы­гъуэм Саксонием къыщыунэхуащ икIи абыхэм псоми яIар мыIэрысэм и теп­лъэт. Тхыдэр зыдж языныкъуэ щIэныгъэлIхэм ар хуахь 1848 гъэм Германие къэралым мыIэрысэр къазэры­щыхуэ­мыхъуам. Тюрингием и Лаушэ щIыпIэм и абджгъэпщхэм абджым къыхащIыкIа мыIэрысэхэр цIыхухэм зэрапхъуэу ящэхури, абыхэмкIэ псейхэр ягъэ­щIэ­рэщIащ. ИужькIэ, а щапхъэм тету, ахэр къыщыщIагъэкIыу хуежьащ Саксо­нием.
А Iуэхум ехьэлIами хэт ищIэн, ауэ XIX лIэщIыгъуэм икухэм щегъэжьауэ Лау­-шэ щIыпIэр дуней псом щыцIэрыIуэ ­хъуащ абджым елэжьынымкIэ. 1867 гъэм абы япэу къыщызэIуахащ газ завод. Газ хьэкухэм я фIыгъэкIэ IэщIагъэлIхэм Iэрыхуэу ящIу хуежьащ абдж пIащIабзэм къыхэщIыкIа шархэр. 1903 гъэм Лаушэ къыщызэIуахащ я хьэп­-шып цIуугъэнэ гъэщIэрэщIахэм я япэ ­музейр. 
Абдж хьэпшыпхэм къакIэлъыкIуэу ­къежьащ электрокъарукIэ къагъэнэху гирляндэхэр. 1895 гъэм абыхэмкIэ гъэ­щIэрэщIа япэ ИлъэсыщIэ псейр щагъэуващ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Унэ Хужьым и бжэIупэм. 
Урысейм апхуэдэ хьэпшыпхэр къы­щагъэсэбэпын щыщIадзар 1830 - 1840 гъэхэрщ. Зи гугъу тщIа абдж хьэпшып цIуугъэнэ дахэхэр къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэхэр щыIэтэкъым, псори я IэкIэ ящIу арат. Абы къыхэкIыу къулейхэм ахэр Европэм - псом хуэмыдэу Герма­нием и Нюрнберг, Берлин къалэхэм - кърашырт. Апхуэдэу зэманыр екIуэ­кIыурэ, Урысейм и Круговскэ уездым и Клинскэ щIыналъэм 1848 гъэм къы­щызэIуахащ япэ заводыр. А щIыпIэр къыщIыхахам щхьэусыгъуэ иIэт - Iэхэ­лъахэр кварц гъэтIылъыгъэхэмкIэ къулейт. Япэу заводым къыщIигъэкIа хьэп­шып цIуугъэнэхэм, япэхъун щымыIэу, фIагъ ин зэрабгъэдэлъым къыхэкIыу дыжьын медалыр къыщыхуагъэфэщащ 1861 гъэм къыщыщIэдзауэ 1865 гъэм нэсыху Урысейм щрагъэкIуэкIа мануфактурэ гъэлъэгъуэныгъэхэм, иужь­кIэ 1889 гъэм Париж щызэхэта дунейпсо выставкэм. ГъэщIэгъуэнращи, а зэман жыжьэм абыхэм къызыкъуаха зэфIэкIым и фэеплъу, ноби апхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр ирегъэкIуэкI Вы­соковскэ щIыпIэм щыIэ «Ёлочка» ­ОАО-м. Абы и музейм щахъумэ абдж хьэпшып телъыджэхэм яхэтщ къэмы­хъуа зырызкIэ зэджэ абдж самовар. 
ИлъэсыщIэ псейхэр цIуугъэнэхэмкIэ гъэ­щIэрэщIэныр яублэжащ, а зэма­-ным къулыкъуфI зыIыгъа Постышевым «Правда» газетым къытридза тхыгъэм иужькIэ.
- Сабийхэм едвгъэтыж псейхэр, я ­гукъыдэжыр къиIэтын хуэдэу, - къыхигъэщат абы. Абы зи гугъу ищI псейхэр къэунэхуа гъащIэщIэмрэ сабиигъуэ насыпыфIэмрэ я гъуазэу щытын хуейт, чыристан дин хуэIухуэщIэ хэмытрэ, лъэ быдэкIэ ува къэралым и техникэ ­ехъу­лIэныгъэхэри къыхэщу. Хьэпшып цIыкIу­хэм иратын хуейуэ ягъэуващ ­кхъухьлъатэ, дирижабль теплъэхэр. Ахэр зэрагъэщIэрэщIэн сэхусэплъ зэ­мы­фэгъухэр щыIэтэкъым. Арати, 1937 гъэм Подмосковьем и Клинскэ щIы­налъэм къулейхэм къытрахауэ щыIэ унэхэм къыщызэIуахащ а Iуэхум те­лэ­жьэн икIи езыгъэфIэкIуэн артель зыбжанэ, 
Хэку зауэшхуэр ди къэралым и текIуэныгъэкIэ иуха нэужь псейхэр зэ­рагъэщIэращIэ хьэпшыпхэм къахэ­хъуащ: дуней псом щыяпэу а Iуэхур къыщыунэхуа Лаушэ щIыпIэр ГДР-м ­хагъэхьа щIыналъэхэм хиубыдат. Абы кърашу щIадзащ щыIэм я нэхъ дахэ­-хэр, ауэ ахэр зэрылъ тхылъымпIэ ашык­хэм тхыгъэхэр зэрытрадзэр Iэмал имыIэу урысыбзэу щытын хуейуэ хуа­гъэуват. 1983 гъэм апхуэдэ зы зэкIуэ­цIылъым сомибгъу хуэзэрт. А зэма­ным зекIуа ахъшэмкIэ ар, дауи, пудтэкъым, цIыху къэс къащэхуфын хуэдэу, ауэ  ахэр апхуэдизу зыхуей хуэзэу щIати, адрейхэм зэрахэгъуащэ щыIэтэкъым.
ИлъэсыщIэ открыткэхэри апхуэдэу къыщежьащ Инджылызым. А къэралым щыпсэу Коул Генри япэ открыткэр пощткIэ и ныбжьэгъухэм яхуигъэхьащ, 1843 гъэр къызэрихьэмкIэ ехъуэхъуу. ИужькIэ ар и ныбжьэгъу Герсли Джон елъэIуащ а открыткэхэр сурэтхэмкIэ ­хуигъэщIэрэщIэну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Лондон къыщыдэкIащ Герсли ищIа сурэтыр зытет япэ открыткэ миныр. Япэ ИлъэсыщIэ открыткэхэр нэрынэ защIэу зэхэту къыдагъэкIырт. Абыхэм я дэтхэнэри сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIам имызакъуэу, жып теплъэ зиIэ дэлъхьэпIэ цIыкIухэр иIэт, пIащIэу гъэжа шоколад хэплъыхьа зэмылIэужьыгъуэхэр игуэшауэ. Апхуэдэ хъуэхъу къызыIэрыхьэ­-хэр, дауи, абы щыгуфIыкIырт. Дауэ ­мыхъуми, илъэсыщIэм и теплъэгъуэ щIэращIэхэр зытет открыткэхэр къыддекIуэкIащ, компьютерхэр гъащIэм къы­хыхьэу бжьыпэр яубыдыху. ГъэщIэгъуэнракъэ, иджыпстуи Европэ къэ­ралыгъуэхэм ахэр IэщIыб щамыщIауэ щызокIуэ икIи цIыхухэр щогуфIыкI. Ди дежи зыри къащыпэрыуэркъым блэ­кIам и фэеплъу ахэр зыутIыпщыну ­хуейхэм. Iуэхур зэтезыIыгъэнкIэ хъунур, пощтзехьэхэр зэрагъэмэщIам къыхэ­кIыу, открыткэхэр и чэзум цIыхухэм ­ялъэмыIэсынкIэ зэрыхъунурщ.
Дэ дызыхиубыдар си нэгу къыщIэзгъэхьэжынщи, илъэсыщIэр къихьэным зэман иIэу ахэр къуажэ тхылъ щапIэхэм къыщIалъхьэрт. Ахэр къыплъысынми куэд пыщIат, пасэу укIэлъымыплъмэ, сыхьэт бжыгъэм къриубыдэу зэбграхырт. Псом хуэмыдэу абыхэмкIэ зэ­хъуэхъур егъэджакIуэхэрт икIи ахэр абы щыгуфIыкIырт. Открыткэхэр гъэщIэрэ­щIа къудей мыхъуу, абыхэм я дэтхэнэ­-ми ит сурэтхэр къыдэкIуэтей цIыкIухэр зыщыгъуэзэн хуей Iуэхугъуэхэм хухэхат, ирехъу ар щIыуэпс, зэныбжьэгъугъэ, мамырыгъэ. Дэбгъуэн щымыIэу ахэр псо­ри дахэу ящIырт, къагъэсэбэпри ­зы­ри къащымыщIу куэдрэ зекIуэ тхылъымпIэ хэплъыхьат. Зэгуэрым къытIэ­рыхьащ Германием къытхура­гъэха открыткэ зыбжанэ. Пэжыр жыпIэ­мэ, къэIуэтэгъуейт абыхэм я дахагъыр. Псом хуэмыдэжу узыхьэхур зэи дымы­лъэгъуа абыхэм я щIыIу телыдыкIырт, ауэ ди къэралым щащIахэм хуэдэу а сурэтхэр къулейуэ, хэкупсэ мыхьэнэ ящIэлъу щыттэкъым, гуащэ, псэущхьэ, удз Iэрамэхэр зэрылъ чыматэ цIыкIу мыхъумэ - тIум щыгъуэми дахэт дэрэжэгъуи къыхэпхырт. 

Шэрэдж  Дисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.