УДЭЗЫХЬЭХЫУ ИКIИ ГЪЭЩIЭ­ГЪУЭНУ

Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Ныр Сеф и фэеплъу дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ республикэм и гъэсэн цIыкIуи  100-м щIигъу.

Удэзыхьэхыу икIи гъэщIэ­гъуэну къызэрагъэпэща зэпеуэм я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гуп­хэм япэ щыхъуащ Алъхъэс Дамир, НакIэ Сэлим, Щоджэн ­Къаплъэн, Молэ Сэлэхьэддин, Азэмэт Къантемыр, Хъуран Iэс­хьэд, Кайгермазов Елдар, ­Лъэу­жь Мухьэмэд, Куфэн Казбек сымэ.
Апхуэдэуи етIуанэ увыпIэр къахьащ бэнакIуэ ныбжьыщIэу 9-м, домбеякъ медалыр къахьащ15-м. 
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэмрэ щIыхь тхылъ­хэмрэ иратащ.
Гу лъывэдгъэтэнщи, гъэсакIуэ цIэрыIуэу щыта Ныр Сеф и фэ-еплъ зэпеуэр мы гъэм 17-нэрэ республикэм щрагъэкIуэкIащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.