КЪБР-М И КОМАНДЭ КЪЫХЭХАМ ХАГЪЭХЬЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым бок­сым­кIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэ­зэ­­хуэрэ иджыблагъэ Налшык къа­лэм щекIуэкIащ. Зэпеуэм и ме­далхэм щIэбэнащ республикэм и спортсмени 100-м щIигъу, гуп 11-у гуэшауэ. 

ЩIалэгъуалэм я деж дыщэ медалыр къыщахьащ Ныр Идар, Гу­мэ Жантемыр, Настуев Мухьэмэд, ­Биттиров Аслъэн, Анаев Расул, ­Ща­уэжь Тамерлан, Щомахуэ Алий, ­Бекъул Астемыр сымэ.
Балигъхэм я деж япэ увыпIэр щау­быдащ Гъубжокъуэ Рустам, Хьэ­­кIуащэ Рустам, Борсэ Алан, Ды­щэкI ТIэхьир, Мудрэн Мухьэмэд, Гиж­гиев Юсуф, Качалиев Умар сымэ. 
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым боксымкIэ и командэ къыхэхам. 
  
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ  Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.