Хабзэ зэрыхъуауэ, Налшык и Музыкэ театрым щагъэува ИлъэсыщIэ псей нэхъыщхьэм цIыкIухэр ирагъэблэгъащ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Правительствэмрэ КъБР-м и Профсоюзхэм я федерацэмрэ.
Музыкэ театрым ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ щрагъэкIуэкIыну зэхыхьэхэм хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу сабий мини 10-м щIигъу. Абы хыхьэу махуэм тхуэ ягъэлъагъуэ «Гена-крокодил и его друзья» спектаклыр. Теплъэгъуэм хэтщ цIыкIухэм фIыуэ ялъагъу лIыхъужьхэр. Таурыхъыр зыгъэува режиссёрыр Крюков Романщ. Благъуэм и ролыр зыгъэзащIэр Налшык и курыт еджапIэ №2-м и егъэджакIуэ, «Илъэсым и егъэджакIуэ» хъуа Къэшэж Аслъэнщ. Сабийхэм артистхэм я джэгукIэр ягу ирихьащ, я гукъыдэжым хэзыгъэхъуа псей щIэращIэр къафыхьащ. Дэтхэнэми саугъэт иратащ.
КъБР-м и Профсоюзхэм я федерацэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт зэрыжиIамкIэ, ИлъэсыщIэ псейм екIуэлIэнущ республикэм и районхэм я курыт еджапIэхэм я езанэ-етхуанэ классхэм щIэс еджакIуэхэр, сабий зеиншэхэр, зи узыншагъэм къимыхьхэр, бынунагъуэшхуэхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм щыщхэр. Сабийхэм я саугъэтхэр - КъБР-м и Правительствэм, концертыр - КъБР-м и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщащ.
- Зи узыншагъэм къимыхьхэм (зи тхьэкIумэм фIыуэ зэхимых, зи нэхэм фIыуэ ямылъагъу, ДЦП узыфэ зиIэхэм) дадолажьэ, я зэфIэкIым зыдогъэужь паралимп спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ (атлети-кэ псынщIэ, тхэквондо, Iэпщэрыбанэ, алыдж-урым бэнэкIэ), - жиIащ Спорт адаптивнэ школым и гъэсакIуэ Беридзе Аннэ. - Ди IуэхущIапIэм къекIуалIэ цIыкIухэр ИлъэсыщIэ псейм къыщрагъэблагъэм, я гуапэу къэкIуащ.
Дызытехьэ гъэр Унагъуэмрэ спортымрэ я илъэсу зэрагъэувар зэхыхьэм щыжаIащ. Аращ ИлъэсыщIэ псейм и программэр зытеухуауэ щытари.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.