Хъурмэм и сэбэпынагъымрэ фызыхуэсакъын хуеймрэИджыпсту я куэдыгъуэщ псоми фIыуэ ялъагъу хъурмэ гъуэжьышхуэхэм. Абыхэм я кур зэрыщабэм къыхэкIыу шхыгъуафIэщ, IэфIи ящIэлъщ, псом хуэмыдэу хъупамэ. А пхъэщхьэмыщхьэр щыныкъуэхъум деж тэмакъым фIэмыкIыу шхыгъуейщ абы танин куэду зэрыхэлъым къыхэкIыу - нэхъ хъуху, а пкъыгъуэр нэхъ мащIэ мэхъу. Хъурмэм хуэдэу каротиноидхэмкIэ къулей пхъэщхьэмыщхьэхэм яхэткъым. Махуэм хуэзэу зы хъурмэ пшхымэ зы жэщ-махуэм цIыхур зыхуеину витамин А-мкIэ игъэнщIынущ. Абы къыхэкIыу, щапхъэ щхьэ-хуэм тету ягъэхьэзыр сабий шхынхэм халъхьэ пхъым и пIэкIэ. Ар сэбэпщ гъущIыр зыхуримыкъухэмкIэ. Фей-хоа къэкIыгъэм къищынэмыщIа, хъурмэм хуэдэу йодымкIэ къулей къэгъуэтыгъуейщ, ауэ щыхъукIэ ар зэрыхэлъыр тыншу гъэткIуа зэрыхъуну щытыкIэм хуэдэущ. Абы къыхэкIыу ирагъэшх жьэгъу уз зиIэхэм, щыгъупщэх хъуахэм. А псом къищынэмыщIауэ, бактерий зэранхэр (стафилококк) еукI, кIэтIий, лъатэ, лъы дэуей узхэмкIи хущхъуэщ. Хъурмэм и псымрэ псы къабзэмрэ зэхэту тэмакъыр щыузым ибгъэжыхьыну сэбэпщ, уз хьэлъэ зэфыкIахэм компоту ирафмэ къару къахелъхьэж.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|