Журналистхэр ягу къагъэкIыж

Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда журналистхэм я фэеплъ махуэм, дыгъэгъазэм и 15-м, Урысей гвардием ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэм Iуащхьэмахуэ куейм хыхьэ Терскол жылагъуэм щыгъуэ пэкIу щрагъэ­кIуэкIащ.

Хабзэ зэрыхъуауэ, ар щызэхэтащ жылагъуэм и лъагапIэ­-хэм ящыщ зым щагъэува фэеплъым деж. Абы кърихьэлIащ «Эльбрусские новости» район газетым и редактор нэхъыщ­хьэ Газаевэ Зухра, Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и офицер, полицэм и подполковник КIэфо Залым, ­республикэм и Iуащхьэмахуэ районым щыIэ хъумакIуэ къу­дамэм и гупыр. 
КIэфо Залым тепсэлъыхьащ фэеплъым зи цIэр тетха, ведомствэм и дзэ журналистхэу, зауэ командировкэхэм къимыкIыжахэу Урысей гвардием и пресс-IуэхущIапIэм и офи­-цер, полковник Постнов Сергейрэ «На боевом посту» жур­налым и корреспондент Ягодин Анатолийрэ я къекIуэкIыкIам. 
- Зи къалэным фIыуэ хэзыщIыкI а офицерхэм я гъащIэр ятащ ди къэралым папщIэ. Дэ тхъумэн, къытщIэхъуэ щIэблэм ядгъэщIэн хуейщ абыхэм я фэеплъыр, - жиIащ КIэфом. 
Газаевэ Зухра къыхигъэщащ фэеплъ махуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр: 
- Дигу къыдогъэкIыж, зи къалэнхэр жылагъуэ псом яфI пылъу, пэжу езыхьэкIахэр. Дэ тщыгъупщэ хъунукъым я IэщIагъэм хуэпэжахэр. 
Къызэхуэсахэр журналист хэкIуэдахэм пщIэ хуащIу да­къикъэкIэ щымри, фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIы­лъащ.
БАХЪСЭН  Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.