Ухуэныгъэхэр нагъэблагъэ

Псыхъурей жылэм дэт сабий садым ­«Къуажэхэм зегъэужьын» къэрал пэхуэ­щIэм хиубыдэу иращIылIэ лэжьыгъэхэр куэд мыщIэу зэфIагъэкIынущ.

1983 гъэм яухуа унэм и унащхьэм, блынхэм, унэлъэгухэм ныкъусаныгъэ щхьэ­хуэ­хэр ягъуэтат, лэжьыгъэ кууи нобэм къэс иращIылIатэкъым. Мы махуэхэм Iуэхур здынэсар къипщытащ щIыналъэ адми­нистрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур. Абы къызэры­хигъэщамкIэ, пэшкIуэцI, унэ­щIыб лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсащ. Ап­хуэдэу егугъуу зыхуей хуагъэзащ инженер хуэIухуэщIэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, псыр зрикIуэ бжьамийхэр, шхапIэр, сабий джэгупIэр, унащхьэр. ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу лэжьыгъэ псори и кIэм нагъэсынущ.
А къуажэм Къатхъэным и цIэр зезыхьэ и уэрам нэхъыщхьэм километри 6,5-рэ зи кIыхьагъ лъэс зекIуапIэ щаухуащ. Абы ­жы­лэм и теплъэр нэхъри иригъэфIэкIуащ, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм уекIуэлIэнри куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIащ Ислъэмей къуажэм и Надречнэ уэрамымрэ Чыпым и цIэр зезыхьэ уэрамды­хьэмрэ, Хьэ­тIохъущыкъуей жылэм Iэпщэм и цIэр зезы­хьэ уэрамым щыщу километри 2,6-рэ зэ­рагъэпэщыжащ. Бахъсэн щIыналъэм мы илъэсым къриубыдэу зэIузэпэщ щащIащ ­метр зэбгъузэнатIэ мини 2-м нэблагъэ. Лъэс зекIуа­пIэщIэхэр, зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэр къы­щызэIуахащ Бахъсэнёнкэ, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэхэми. «ГъуэгуфI шына­гъуэн­шэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Зеи- къуэ щаухуащ Дыгъэмыхъуэ хьэблэр къэрал гъуэгу нэхъыщхьэм пызыщIэ лъэмыж.

Шэрэдж  Дисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.