Махуэшхуэхэр шынагъуэншэу екIуэкIын хуэдэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Террорым пэ­щIэ­тынымкIэ комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. 

ЗэIущIэм щытеп­сэ­лъы­хьащ ИлъэсыщIэмрэ Хъуро­мэмрэ епха махуэшхуэхэм шынагъуэншагъэр къыщы­зэгъэпэщын зэрыхуейм. 
«Мы гъэм цIыху куэд къы­зэщIэзыубыдэ дауэдапщэхэр едгъэкIуэкIыну ди мурадкъым, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - ИтIани, егъэджэны­гъэм пыщIа IуэхущIапIэхэми са-бий IыгъыпIэхэми илъэсыщIэ псейм ещIэкIа махуэшхуэ- хэр къыщызэрагъэпэщынущ, театр теплъэгъуэхэр щагъэ­хьэзырынущ. Абы къыхэкIыу, цIыхухэр щызэтрихьэ щIы­пIэхэм шынагъуэншагъэ и лъэ­ныкъуэкIэ яхуэсакъын ­хуейщ», - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек. 
«КъинэмыщIауэ, 2024 гъэм и гъатхэпэм УФ-м и Президентыр хахынущ. Ар цIыхуш­хуэ зыхэтыну Iуэхугъуэщ, екIу­рэ-ещхьу къызэгъэпэщын ­хуейуэ», - къыдыщIигъуащ щIы­налъэм и УнафэщIым. 
А псом ипкъ иткIэ, КIуэкIуэ Казбек Террорым пэщIэты­нымкIэ комиссэм, Опера­тивнэ штабым, республикэм и гъэ­зэщIакIуэ IуэхущIапIэ­хэм­рэ муниципальнэ ад­минист­рацэхэм я лэжьа­кIуэ­хэмрэ къалэн ящищIащ хэ­хы­ны­гъэм и пэ къихуэ зэ­маным шынагъуэншагъэр ягъэ­нэ­хъэ­пэну, IэIэт ще­кIуэ­кIыну щIыпIэхэм щIэп­хъа­джа­гъэ къызэ­рыщымыхъу­ным хуэ­сакъыну, цIыхубэм зы­хуейр хахынымкIэ я хуи­тыныгъэр яхъумэну. 
ЗэIущIэм къыщапщытэ­-жащ Терроризмэм пэщIэ­ты­нымкIэ комиссэм 2023 гъэм КъБР-м щригъэкIуэкIа лэ­жьыгъэр, абы епха къэрал программэр республикэм ща­гъэзэщIэху, 2021 - 2023 гъэхэм зэфIаха Iуэхухэмрэ абыхэм ятекIуэда мылъкумрэ. 
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ 2024 гъэм лэжьыгъэшхуэ къазэры­пэ­щы­лъыр, щIэпхъаджагъэ къамыгъэхъун папщIэ, къарууэ щыIэр къызэрагъэсэбэпыпхъэр. 
ИкIэщIыпэкIэ ягъэзэщIапхъэ Iуэхухэм ящыщу къалъытащ политикэ и лъэныкъуэ­- кIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэхэр шынагъуэншэу къызэгъэпэщын зэрыхуейр, псом хуэмыдэу махуэшхуэхэр, ­щэнхабзэмрэ спортымрэ епхахэр. Гулъытэ нэхъыбэ яхуэфащэщ Президентым и хэ­хыныгъэм егъэщIылIа Iуэхугъуэхэм. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.