ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ. Метеорологхэу Магоно Чожирэ Ву-Ли Чунгрэ уэс налъэхэр зэтепщIыкIыу жаIэ тхыпхъэ 81-уэ. Тхыпхъэхэм я щIыкIэр нэхъыбэу елъытащ температурэм. Псом нэхъ дахэу тхыпхъэ къищIу жаIэ градус 15 щIыIагъ щыщыIэм деж. Уэс налъэ гъущэр, уэс псыфым къыщхьэщокI, абыхэм языхэзми и кум сабэ зэрырищIэмкIэ. ЩIылъэм щехуэхкIэ а сабэ цIыкIум и хъуреягъкIэ мыл къещI. А мыл къищIым и теплъэрэ и тхыпхъэрэ хъунур елъытыжащ хьэуам иIыгъ щIыIагъымрэ псыIагъымрэ, жьым и хуабжьагъым. Уэс налъэхэр щIым къох хуэму - сыхьэтым къриубыдэу километр иримыкъу хуэдизкIэ.

 Уэс налъэ нэхъ ин дыдэу щIэныгъэлIхэм къахутар сантиметр 38-рэ хъурт. Ар 1887 гъэм щIышылэм и 28-м США-м къыщесащ.

Японием, Хоккайдо хытIыгум, уэс налъэхэм я музей къыщызэIуахащ. Музейм и пэшхэр мылылъэ бгъуэнщIагъхэм хащIыхьащ. Уэс налъэхэр джыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа япон щIэныгъэлI Укитиро Накая и цIэр музейм фIащащ. «Иероглиф бзыщIакIэ тхауэ, уэгум къех письмо», - жиIащ абы уэсым щхьэкIэ. ЩIэныгъэлIым уэсым триухуа тхылъ къыдигъэкIащ 1954 гъэм.

Уэсым хуабэр фIыуэ иIыгъщ. Аращ псэущхьэ куэдыр щIымахуэм уэс щIагъым куууэ жеипIэ щIыщащIыр. Мыщэ хужьхэм куууэ телъ уэсыр къратхъури, гъуэ хуабэ ящI. Абыхэм я гъуэхэр «пэш» зыбжанэу щызэпрахукIи щыIэщ.

«Макака» номин лIэужьыгъуэхэм егъэлеяуэ яфIэфIщ уэс IэшкIэхэмкIэ зэдэджэгуну.

Нэхъ куу дыдэу уэс къыщес щIыпIэр Япониерщ, Аомори жыхуаIэм и Iэхэлъахэрщ.

1989 гъэм Сахара къумым уэс къыщесауэ щытащ. Ар ткIужащ сыхьэт ныкъуэм къриубыдэу.

Уэсыр Марсым, Титаным, Сатурным щыIэу къахутащ.

МикроскопкIэ къэгъэлъэгъуауэ уэс налъэм япэу сурэт трахащ 1885 гъэм. Американ сурэттех Бентли Уинстон а сурэтыр къехъулIэным илъэс 46-кIэ елIэлIащ. Абы уэс налъэхэм ятриха сурэтхэм я бжыгъэр 5000-м щхьэдох.

Уэс къыщесым деж дунейр уэм хъууэ къыпфIощI. Абы и щхьэусыгъуэщ щIылъэм щабэу тегъуэлъхьагъащIэ уэс налъэхэм я кум хьэуа зэрыдаубыдэр.

ЩIэныгъэлIхэм зрагъэсащ уэсыр IэрыщIу къагъэхъуфу.

ЩIышылэм и 19-р Уэсым и дунейпсо махуэщ.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ