ГЪЭЩIЭГЪУЭНУ КЪЫЗЭДОЖЭ

Ди зэманым спортым къыхохьэ лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр. Апхуэдэщ, туфлъэ лъэдакъэ тету бзылъхугъэхэр зэдэжэныр. Уеблэмэ абыкIэ дунейпсо рекордхэри ягъэувыну хунэсахэщ. Лъэдакъэ лъагэ тет бзылъхугъэхэр зохьэзохуэ, а лъэдакъэр спортым зэран хуэмыхъуу къалъытэу. Спорт лIэужьыгъуэм цIыху куэд зыIэпишэну хунэсащ. Апхуэдэ зэдэжэм и хабзэщ сантиметри 7 мынэхъ лъахъшэ лъэдакъэ утетыныр. Языныкъуэ къэралхэм илъэс къэс зэдэжэр зэхаублэ икIи спортсмен щэ бжыгъэхэр хэту ирагъэкIуэкI.

Берлин илъэс къэс къыщызэрагъэпэщ апхуэдэ зэдэжэу 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 11-м екIуэкIам дунейпсо рекорд щагъэуващ. Берлиндэс Плехер Юлие метри 100 къызэпиупщIащ дакъикъэ 14,2-кIэ. Тыгъэ нэхъыщхьэу абы иратащ еврэ мини 10.

2010 гъэм иджыри зы рекорд щагъэуващ Сидней щекIуэкIа зэхьэзэхуэм. Метр 80 хъыджэбзиплIым къызэпаупщIащ медан 64-кIэ. Спортсмени 100 зыхэта зэпеуэм щытекIуа бзылъхугъиплIым я цIэхэр рекордхэмкIэ Гиннесс и тхылъым иратхащ. Тыгъэу абыхэм иратащ дэтхэнэми доллар мини 10.

А тхылъым иратхащ цIыху 50 хъу нэмыцэ спортсмен гупыр. Сыхьэтым къриубыдэу абыхэм ящыщ дэтхэнэми къижа гъуэгур зэхалъхьэжри, километр 265,6-рэ хъууэ къабжащ.

Гуп рекорд щагъэувауэ щытащ 2010 гъэм Сидней «Venus Embrace Closest Stiletto Relay» зэхьэзэхуэм хэту къыщызэрагъэпэща зэдэжэм. Бжьыпэр иубыдащ 1 дакъикъэрэ медани 4-кIэ къапэщылъ гъуэгур зэпызыча гупым.

2017 гъэм США-м дунейпсо рекорд щигъэуващ лъэдакъэ лъагэм тету сыхьэти 7-рэ дакъикъэ 27-рэ медан 53-кIэ къэжа Сьюэлл Ирен.

Урысейм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэпеуэхэр щекIуэкIащ Москва, Санкт-Петербург, Владивосток, Саратов, Кострома. Спортсменхэм къызэпаупщIащ метр 50. Адрей къэралхэм къащхьэщыкIыу, спорт лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнымкIэ зэпеуэ урыс бзылъхугъэхэр тоувэ сантиметри 9 мынэхъ лъахъшэ вакъэ лъэдакъэ.

Вакъэ лъэдакъэ лъагэм тету бзылъхугъэхэр щызэдэжэкIэ, спортсменхэм фэбжь щагъуэти къохъу. ИтIани, а спорт лIэужьыгъуэм дихьэх бзылъхугъэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Уеблэмэ къохъу зэпеуэм цIыхухъухэри щыхыхьэ. Пэжщ, абыхэм бжьыпэр яхуэубыдакъым.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ