АХЪШЭ ЩIЫХУЭМ ХОХЪУЭ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ. Я щхьэ Iуэху щхьэкIэ къагъэсэбэпыну цIыхухэм ирата кредитым процент 22,6-кIэ хэхъуащ - сом мелард 48,3-м нэблагъэ. Ипотекэ кредиту, цIыхухэм я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэн, е ар къащэхун папщIэ банкхэм ятар процент 35,4-рэ хъуащ, ахъшэм хуэбгъакIуэмэ, ар сом мелард 40,3-м нэблагъэ мэхъу. 

Дызэрыт илъэсым и япэ мазибгъум банкым цIыхухэм щIыхуэу къыIахам, нэгъабэ и иджы зэманым щыIа бжыгъэхэм елъытауэ, хуэдэ 1,7-кIэ хэхъуащ, ипотекэр - хуэди 2-кIэ. 2023 гъэм и щIышылэ - фокIадэ мазэхэм банкхэм псори зэхэту къыIаха ахъшэ щIыхуэр сом мелард 51,3-м щIигъуащ.
«ЦIыхухэм я щхьэ Iуэху щхьэкIэ къыIах кредитым и куэдагъым щIыхэхъуэр абыхэм ипэIуэкIэ ята лъэIухэр зэрыпхыкIарщ. Абы нэмыщI, псэупIэ къащэхуну е ар ирагъэфIэкIуэн мурадкIэ ипотекэ кредитыр къэзыщтэхэр хущIокъу ар нэхъ псынщIэу къагъэсэбэпыну, къыхаха унэр зыIэрагъэхьэн щхьэкIэ зэуIуу зэ хэлъхьэгъуэу япэу банкхэм иратын хуейм хэхъуэнкIэ шынагъуэ щыIэщи. Апхуэдэуи цIыхухэр тогузэвыхь банкхэм щIыхуэу ят ахъшэм щхьэщатыкI процентхэр драгъэкIуеинкIэ. 
Абы къыдэкIуэу, банкхэм я дзыхь ирагъэзу я ахъшэхэр абыхэм щахъумэну, хэхъуи кърагъэщIыну хэзылъхьэхэм процентхэм хухагъэхъуащ. ФокIадэм и кIэхэм ар проценти 10-м щIигъуащ», - жиIащ Урысейм и Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Балаев Расул. 
Псалъэм къыдэкIуэу, 2023 гъэм и жэпуэгъуэм республикэм и цIыхухэм банкхэм ирагъэхъумэну, фейдэ кърагъэщIыну дзыхь хуащIащ сом мелард 50,34-рэ. Илъэсым къриубыдэу абы хэхъуащ процент 21,3-кIэ.

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ