Бахъсэн куейм и спортсменхэр ягъэлъапIэ

Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мам­хэгъ Хьэчим иджыблагъэ яIущIащ куейм и спорт­сменхэу дызэрыт илъэ­сым спортым ехъулIэныгъэ щызиIахэм, абыхэм я тренерхэм, щIыпIэ спорт еджапIэхэм я унафэщI-хэм. 

Мамхэгъыр тепсэ­лъы­хьащ я щIыналъэм щыIэ спорт ухуэныгъэхэр зэ­Iу­зэпэщ щIыным, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэ­пэщыным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм, спорт ухуэныгъэхэр зды­нэсам, апхуэдэуи къригъэблэгъахэм фIыщIэ ­яхуищIащ IэнатIэм зегъэужьыным я къару, я гуа­щIэ зэрыхалъхьэм папщIэ. 
Бахъсэн къалэ адми­нистрацэм и унафэщIым ­фIы­щIэ тхылъхэр яритащ ­Урысей Федерацэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэIущIэхэм къыщыхэжаныкIа Бакъей Джэмалрэ Сан­тIыкъ Мусарэ, самбэмкIэ дунейпсо зэпеуэм щыте­-кIуа Беслъэней Темырлан, УФ-м самбэмкIэ и зэхьэ­зэхуэм къыщыхэжаныкIа Къудей Беслъэнрэ Къуэ­щIысокъуэ Темырланрэ, УФ-м армрестлингымкIэ и саугъэтхэр къэзыхьа Къа­рэмырзэ Къантемыррэ ­Балъкъэр Ибрэхьимрэ, ­УФ-м и Ипщэ лъэпкъхэм футбол цIыкIумкIэ я зэ­хьэзэхуэм я чемпион Гъуэщокъуэ Арсенрэ Къар­-       дэн Темырланрэ, гъуэгуанэ кIыхь IэпщэкIэ зэпычы­нымкIэ къэралым и рекордсмен ЛампIэжь Алан сымэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр илъэс куэд хъуауэ зыпэрыт IэнатIэм щиIэ ­ехъулIэныгъэхэм щхьэкIэ иратащ Бахъсэн къалэ администрацэм Физкульту­рэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и къудамэм и унафэщI Къаскъул Аслъэн. 
Мы зэIущIэхэм хуэ­дэхэр нэхъыбэрэ ирагъэ­кIуэкIыну зэгурыIуащ абы кърихьэлIахэр. 

БЭВЫКЪУЭ  Албэч. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ