ЩIэупщIэ зиIэм уаси егъуэт

ЦIыхур нэхъыбэу зыхуэ­ны­къуэ ерыскъыхэкIхэм я уасэхэм хэхъуэ зэпытщ, Урысей Федерацэм и Пра­вительствэм ахэр зэтриIыгъэну сыт хуэдэу ху-            щIэ­къуми. ЛъапIэ хъур ерыскъым и закъуэу щытами удэкIуэтэнт. Хьэп­шып­хэм, Iэмэпсымэхэм, щыгъы­ным, гъэсыныпхъэм, гъуэ­гуп­­щIэм, унэм, машинэм, ­нэ­­гъуэщI-къинэмыщIхэм - псо­­ми я уасэр, улъэщIыхьэну гугъуу, докIуей. 

ЦIыхур иджыпсту нэхъыбэу зытегузэвыхьыр, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу Iэ­нэм къытригъэувэ джэ­д­къазылым и уасэм зэрыхэ­хъуэрщ. Былымылым нэхърэ зэрынэхъ шхыгъуафIэм, зэ­рыгъэхьэзэрыгъуафIэм къы­дэ­кIуэу ар икIи хэпщIыкIыу нэхъ пуду щытащ. Иджы абы и уасэм IуигъэщтыкI хъуащ  ар къызыхуэщэхуу щытахэм щыщ куэд. Псом хуэмыдэу  ар къызэтехьэлъэр пенсэм тIы­сыжахэу зи хэхъур мыинхэрщ, хуэмыщIауэ псэухэрщ, унагъуэшхуэхэрщ, н.къ. 
Зи гугъу сщIы щытыкIэм и щыхьэту, Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къитахэр къэсхьынщ. Ды­зэ­рыт илъэсым и япэ мазиб­гъум къриубыдэу джэ­д­къазылым и уасэм хэхъуащ процент 25,4-кIэ. Зы килограммым хуэзэу соми 176,25-кIэ къыщIадзэри, сом 221,02-м нэсащ. Языныкъуэ щIыналъэхэм абы и уасэр щынэхъ лъапIэжщ. 
Нэхъыбэ дыдэу уасэм щы­хэхъуар Дагъыстэнырщ - зы килограммым хуэзэм процент  50,8-кIэ абы щыхэ­хъуащ. АдэкIэ Кърымыр къокIуэ - процент 43-рэ, Пензэ областым - процент 38,8-рэ. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, 2023 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм джэд­къазыл ягъэдиямрэ ягъэщтамрэ я уасэм проценти 6,8-кIэ хэхъуауэ щытащ, ­зы килораммым соми 193-рэ хуэ­зэу. А псом къыдэкIуэу, къэралым и шхапIэхэм яхурикъуркъым джэкъазылыр икIи ахэри хуэныкъуэщ абыхэм яIэрыхьэм хуэдиз дыдэ. 
Министерствэм хэкIыпIэу Iуэхум хилъагъуэр хамэ къэ­ралхэм ирагъэшэ джад­къа­зылым и куэдагъым кIэ­ры­чы­нырщ, абы къыдэкIуэу, Белоруссиемрэ Къэзахъстанымрэ къыщащэху джэдкъазылым и бжыгъэм хэгъэхъуэнырщ.
Джэдкъазылым и уасэм ап­хуэдизу щIыхэхъуам и щхьэу­сыгъуэм тепсэлъыхьу лымкIэ промышленностым и къэпщытакIуэ Рябинкин Борис къыхигъэщат, къэралым къыщалэжьым нэмыщI, лыр иджыри Белоруссием къы­зэ­рырашыр икIи ди сату щIапIэхэр абы и лъэныкъуэкIэ щIэгузэвэн зэрыщымыIэр. 
Дауи, джэдылыр былы­мы­лым нэхърэ нэхъ пудщ. Аращи, джэдкъаз зыгъэхъу IуэхущIапIэхэр хущIокъу былы­мы­лым и уасэм джэдкъазылыр къыкIэрамыгъэхуну. Зэрыгу­рыIуэгъуэщи - щIэупщIэ зиIэм уаси иIэщ. Джэдкъазылым и уасэр щIыдэуеям и щхьэусыгъуэу мыбыхэми къагъэувыр долларыр лъапIэ зэры­хъуарщ. ХэкIыпIэфIщ: долларыр докIуейри, дэри уасэм хыдогъахъуэ. Мыри гъэщIэ­гъуэнщ, долларым и уасэр къежыхми, ерыскъым и уасэм кIэрыхужыркъым (абы и закъуэкъым, сыт хуэдэ уасэми) атIэ, и пIэм йожыхь. 
Iуэхур апхуэдэурэ адэкIи екIуэкIыу щытмэ, джэдкъазы­лым и щIэупщIэм кIэрыхункIэ хъунущ. Былымылым, мэ­лылым я уасэхэм ар кIэлъы­щIы­хьэжу щытмэ, цIыхум къа­щэхунур нэхъыфIырщ, къэуат нэхъ зыщIэлъырщ. Ауэ, былымылымрэ мэлы­лым­рэ я уасэри афIэкIа и пIэм имыкIыну щыхьэт те­хъуэ­фыни бгъуэтынкъым, абы­­хэми зэрыхэхъуэр нэры­лъагъущи. Ерыскъыпхъэ псоми щыхэхъуэ илъэсыщIэ махуэшхуэхэри къоблагъэ. 
Уасэр къызэрыхъур мып­хуэдэщ: фермэм щагъэхъуа джэдкъазым и уасэм про­центи 10 хуэдиз дыщIигъу­жауэ щэхуакIуэм хуеутIыпщ - Iу­сыпхъэм, хущхъуэ уасэм, лэжьапщIэхэм, нэгъуэщIхэм текIуэдахэр къыщIэхыжын ­хуейкъэ. АдэкIэ, джэдкъазыр куэду къэзыщэхуам абы и уасэм иджыри проценти 10 хуэдиз трелъхьэж, гъуэгупщIэм, гъэсыныпхъэм, н. къ. тригъэкIуэдам и уасэр къыщIихыжын щхьэкIэ. Джэд­къазылыр сату щIапIэм зэ­рынэсу абдежми проценти 10 - 15 хуэдиз дыщIагъуж, хъу­мэным, электрокъарум, сыт хуэдэхэм текIуэдар, я гугъуе­хьыпщIэхэр къыщIахыжын ­папщIэ. Аращи, джэд фермэм къыщIэкIыу ди Iэнэм къытехьэхункIэ, и уасэм процент 40 - 50 хохъуэ. АдэкIэ, мыгъуэр зи мыгъуар щэхуа­кIуэращи, зэрыжаIэу, ухуеймэ къэщэху, ухуэмеймэ…
БАТОКЪУЭ  Албэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ