ГЪУЭГУХЭР ЗЫХУЕЙ ХУАГЪАЗЭ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Му­суков Алий къулыкъущIэхэм я пащхьэ кърихьащ республикэм и щIыналъэхэм щыщыIэ щытыкIэр. Къалэхэмрэ районхэмрэ щекIуэкI ухуэныгъэхэр къипщыта нэужь, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ухуэныгъэхэр зи пщэ дэлъхэм къалэн ящищIащ нэхъ щIагъэхуабжьэу, и чэзум псори яухын хуейуэ.
 
Гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIахэм ящыщщ гъуэгу­хэр зыхуей хуэгъэзэныр. КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн жиIащ мы гъэм зэфIагъэкIын хуея псори и кIэм зэ­рынагъэсар. Гъуэгу IуэхумкIэ къалэ, район псоми щегъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ. Километри 130-м асфальтобетон тралъхьащ, гъуэгущIэу километри 120-рэ яукъуэдиящ. Абыхэм ящыщу нэхъыщхьэр - Каменномост - Хьэбэз, Лэскэн - Еро­къуэ - Лэскэн ЕтIуанэ, Налшык къалэ и уэрам­хэрщ. 
2024 гъэм «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хиубыдэу щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгу километри 100-м щIигъу зыхуей хуагъэзэжынущ, лъэмыжхэр зэрагъэзэхуэжынущ, уэздыгъэхэр фIа­дзэнущ. 
2024 гъэм зиужь итынухэм ящыщщ Шэджэм-2 - Булунгу, Май - Заречнэ - Ново-Ивановскэ гъуэгухэр, а щIыпIэм телъ лъэмыжыр, Бахъсэн и Бахъ­сэн уэрамыр, Къубэ-Тэбэ - Къулъкъужын Ипщэ гъуэгур. Налшык щызэрагъэзэхуэнущ Чернышевскэм,          Хъураным, Мусукаевым я цIэр зе­зыхьэ, Осетинскэ, Балъкъэр, 2-нэ Таман дивизие уэрамхэр. Гъуэгухэм нэмыщI, IуэхущIапIэ екIуэлIапIэ­хэми асфальт тралъхьэнущ, псалъэм папщIэ, Кулиев Къайсын и фэеплъ унэу Эльтюбю дэтым узэрыхуэкIуэм. Апхуэдэуи ухуэныгъэщIэхэм я Iэхэлъахэхэри, псом хуэмыдэу, 2024 гъэм и фокIадэм зи бжэхэр къызэIузыхыну курыт еджапIэхэм уезышалIэ гъуэгухэр зыхуей хуагъэзэнущ. 
ЩIыналъэ гъуэгухэр иризэрагъэзэхуэн папщIэ щIыпIэ ­гъуэгу фондым сом мелуан 500 хухихы-нущ. 
КIуэкIуэ Казбек щIыналъэ администрацэхэм я  Iэтащхьэхэм унафэ яхуищIащ ямыгъэгувэу гъуэгум ехьэлIа проектхэмрэ абы текIуэдэнухэмрэ зэ­рыт дэфтэрхэр ягъэхьэзырыну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.