ХЭХАКIУЭХЭМ ЯIУОЩIЭ

Дыгъуасэ цIыхухэм яхуэзащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ. Респуб­ликэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и унафэщIым зы­хуагъэзэну къекIуэлIат Прохладнэ, Бахъсэн, Май районхэм, Налшык къалэм щыщхэр. Абы­хэм я лъэIур теухуат кхъахэ хъуа унэхэм къызэрыщIагъэIэпхъукI программэм хыхьэн папщIэ дэфтэрхэр зэрагъэпэщынымкIэ зыкъыщIагъэкъуэну. Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм щыщхэр щIэупщIащ уIэгъэ хъуам ират ахъшэм, сымаджэщым дэIэпыкъуныгъэ зэ­рыщагъуэтым, сабийхэр курато­рым я нэIэм щIэгъэувэным, нэгъуэщIхэми. 
- Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм сыт щыгъуи гулъы­тэ хэха хуещI хэхакIуэхэм ядэлэ­жьэным. ЦIыхухэм дащыIущIэ махуэ хэхахэр диIэщ икIи ахэр КъБР-м и Парламентым и сайтым къыщыгъэлъэгъуащ. Депутатхэр муниципальнэ районхэми къалэ округхэми цIыхухэм тхьэмахуэ къэс щаIуощIэ, КъБР-м и Парламентым и унэм къедгъэ­благъэхэм зы махуэ яхухэтхащ - мэремыр. Апхуэдэ дыдэу адрей партхэри республикэм щыпсэу­хэм ядолажьэ, - жиIащ Егоровэм. - Ди хэхакIуэхэр зыщыгугъыр дэращи, абыхэм я гугъуе­хь­хэр ящхьэщытхынымкIэ сэбэп дыхъун хуейщ. Къапщтэмэ, зыкъызэрытхуагъазэ псори КъБР-м и Парламентым и лэжьыгъэм щымыщынкIи хъунщ, ауэ абы щыгъуэми ар зи къалэнхэр ди лъэIукIэ абы идогъэлэжь.
ЦIыхухэм я Iуэху зыбжанэ а ма­хуэм занщIэу зэхагъэкIащ, языныкъуэхэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и нэIэм щIэту елэжьыну къигъэгугъащ. IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я къалэнхэм хыхьэ Iуэхухэр зэман гъунэгъум ягъэзэщIэну я пщэ иралъхьащ.
КъБР-м и Парламентым и
 пресс-IуэхущIапIэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.