Сыт хыкхъуэхэр зэрылIыкIыр?

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Каспий хы Iуфэм хыкхъуэхэр ­(тюлень) бжыгъэшхуэкIэ зэрыIулIыхьыр щIыуэпсым и щытыкIэм кърикIуа бэлыхьщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар къызыхэкIыр хы ­лъабжьэм гъуэз къызэрымыкIуэ гуэрхэр къызэрыхихырщ. 

Бдзэжьей хозяйствэмрэ хыхэр джынымкIэ урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIым и къуэдзэ Бизиков Вячеслав зэ­рыжиIэмкIэ, хы псэущхьэхэм Iуфэм къепщылIэн я хьэлщ щIыхъейхэм я къэхъеигъуэм, щIылъэм и кIуэцIым щызекIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр псы лъабжьэм нэхъ пасэу зэрынэсым къыхэкIыу. 2022 гъэм Каспий хы                        Iуфэм хыкхъуэу мини 10-м нэс IулIыхьауэ щытащ. А бжыгъэр зэрыкуэдым къыхэкIыу, дагъыстэн хы Iуфэм и километр 340-м къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, псэущхьэхэм тхьэмахуитI-щы ипэкIэ лажьэ яIакъым. ИужькIэ зэуэ бжыгъэшхуэкIэ Iуфэм лIауэ щызэтрихьащ. Къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуар утыку къыщрахьащ щIыдагъэ къыщIэхыпIэхэр здэщыIэ Каспий хым хэс псэущхьэр къегъэлыным хуэгъэпса IX щIэныгъэ конференцым. 
Дагъыстэным щыпсэу хыкхъуэхэм я псэукIэм 2020 гъэ лъандэрэ кIэлъоплъ щIэныгъэлIхэр. Каспийм хэсхэм я бжыгъэр 2020 - 2022 гъэ­хэм мин 280-м икIри, мин 311-м щыхуэкIуауэ щытащ. Къэзахъстаным ­хиубыдэ хы Iуфэми апхуэдэ дыдэ къэхутэныгъэ щрагъэкIуэкIат 2023 гъэми, псори зэхэту хыкхъуэхэр 259852-рэ хъууэ къыщIэкIат. Илъэс блэкIам елъытауэ иджы а бжыгъэр мин 51-кIэ нэхъ мащIэщ. Хуэзыгъэфащэ щыIэщ хыкхъуэхэм, цIыхухэм ещхьу, я зыхъумэжыкIэ къарур яфIэкIуэдауэ.  
Мы псэущхьэхэр щытыкIэ гугъу гуэрым зэритыр куэд щIауэ цIыхухэм     я нэгум щIокI, ауэ хуащIэфынур къагурымыIуэу, 2017 гъэ лъандэрэ апхуэдэ защIэу йокIуэкI. Турист нэхъыбэ республикэм езышэлIэну хуей Дагъыстэным дежкIэ хы псэущхьэхэм далъагъу гузэвэгъуэр упщIэ ­защIэкIэ зэкIэ зэриухыр. Зэи щымыуэжыр цIыхубэращи, псыр зэ­рауфIейр дэнэ пхьыжын? Абы щхьэкIэ къэхутэныгъи ухуейкъым. ЩIыпIэм щыпсэу цIыхухэми туристхэми я нэгум щIэкIыр интернетым къралъхьэж. 
Махуэ гуэрым, Сулак щегъэжьауэ Избербаш нэс ирикIуэурэ, Нико­магомедов Зиявдин хыкхъуэ 17 лIауэ къилъэгъуащ. Хъыбарыр хэIущIыIу хъуа нэужь, Бдзэжьей хозяйствэм и лэжьакIуэхэм заплъыхьри, Iуфэм IулIыхьа псэущхьэхэм я бжыгъэр нэхъыбэжу къыщIэкIащ. Уз зэрыцIалэ гуэр къахыхьагъэнщ жаIэри, псалъэмакъыр пIалъэкIэ ягъэувыIащ. 
АрщхьэкIэ Дагъыстэн къэрал университетым щрагъэкIуэкIа къэ­хутэныгъэхэм Iуэхур и пIэм ирахуауэ жыпIэ хъунущ. Абы щIэт лабораторэхэм наIуэ къыщыхъуащ зи псэ хэкIа хыкхъуэхэм я лъатэм гъущIхэкI пкъахуэхэр зэрынэсар. Къэхутэныгъэр езыгъэкIуэкIар нэмыцэ, голланд щIэныгъэлIхэрт. Ахэр абдежми къыщыувыIакъым. Хыкхъуэ псэухэр псы зэрыт кIадэ зырызым ирагъэтIысхьащ. Зым исыр бдзэжьей къабзэкIэ ягъэшхащ, адрейхэр - гурымыхь куэд зыкIэрыпщIа бдзэжьей «фIейкIэ». ТIэкIу дэкIри, кIэрыхубжьэрыхухэр зыкIэрыпщIа бдзэжьейхэр зышха­- хэр сымаджэрилэ хъуауэ къыщIэкIащ. Арати, IэщIагъэлIхэм къагуры­Iуащ псым мыкIуапхъэ гуэр зэрыкIуар, хыкхъуэхэри абы зэрилIыкIар. 
КъыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр ичащ ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ каспий центрым. Хым тхьэщIэпс хэзыутIыпщхьэ IуэхущIапIэхэр къыхатхыкIри, дэтхэнэ зыри къызэрыщ картэ зэхагъэувэжащ. Гурыщхъуэ зыхуащI ­псори хы Iуфэм Iутщи, щыхьэт наIуэхэр къазэрыIэрыхьэу, хабзэ­-хъумэхэм зыхуагъэзэнурэ хыкхъуэхэр къызэрырагъэлын Iэмалыр зэ­гъусэу къагъуэтынущ. А псом щыгъуазэ дещI «Это Кавказ» интернет хэщIапIэм. 
Тюленхэм адыгэбзэм «хыкхъуэ» цIэ щагъуэта щхьэкIэ, ахэр зи лыр хьэрэму къалъытэ псэущхьэхэм яхэгъэзэрыхьын хуейкъым. Хыкхъуэ­хэм я лым сэбэпынагъышхуэ хэлъщ. Абы и дагъэр медицинэм къы­щагъэщхьэпэ. И цым пыIэ къыхащIыкI. 1990 гъэхэм хыкхъуэхэм я ­бжыгъэр мелуаным нэсу щытащ. Ахэр апхуэдизкIэ къаугъэншэти, цIыхухэр гъунэгъуу ябгъэдыхьэрт. ИджыпстукIэ Каспийм хэс хы­-кхъуэхэм я бжыгъэр мин 70 - 100 хъужми аращ. 
Мыр щекIуэкIыр ди щIыпIэракъым жыпIэ хъунущ, хъыбарым укъыщеджэкIэ. Ауэ ущыпсэу щIыналъэм и къабзагъыр зыхуей хуэмызэху, узэфэ псыми, узыхэпсэукI гъащIэми зыгуэр хуэчэму мэхъу. Къыпщы­щIыр къыбгурызыгъаIуэ акъылыр зыгъэлажьэри узыншагъэрщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.