ЩIымахуэмрэ псейхэмрэ

Ди хъуреягъыр зыгъэдахэ псейхэр, уэздыгъейхэр жыг нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. ЩIэ­ныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, ахэр дунейм къытехьащ илъэс мин 300 ипэкIэ. 

Сыт хуэдэ дуней щытыкIэми зезыгъэзэгъ псей лIэужьыгъуэхэм Китайм къыщыщIэдзауэ Ищхъэрэ мылылъэ щIыпIэхэм унэсыху ущрихьэлIэнущ. Псом хуэмыдэу абы­хэм яфIэфIщ тхьэмпэ къызыпыкIэ жыг гуэрэнхэр, щхъуантIагъэ куэд щызэхэт икIи цIыхур здынэмыса мэз пхыдзахэр. Къапщтэмэ, псейхэр илъэс 200 - 300-кIэ мэпсэу.
Уэздыгъейр, зэрыфщIэщи, ди къурш лъапэ мэзхэми щыкуэдщ. Абыи фIэфIщ тхьэмпэ зыпыт жыг Iувхэм яхэтын, къыщыкI щIы­пIэмрэ гъусэ къыхуэхъу жыгхэмрэ «игу къыдыхьэмэ», ар илъэс 600 ныбжьым ебэкъуэфынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэтщтэнщи, псей щхъуантIэхэри, щIыхухэри, уэздыгъейхэри ди мащIэкъым. Иужьрей илъэсхэм ди щIыналъэм къашащ иджыри къэс дызримыхьэлIа секвойе, каури, араукарие псей лIэужьыгъуэхэри. Абыхэм уащрохьэлIэ псейхэр щащэ илъэсыщIэ жармыкIэхэм икIи ахэр занщIэу къэфцIыхунущ къудамэ нэхъыбэ зэратетымрэ я банэ цIыкIухэр нэхъ Iуву зэрызэхэтымкIэ.
Уэздыгъей лIэужьыгъуэхэм хеубыдэ кедрхэри. Ахэр щыкуэдщ Алыджым, Кипр хытIыгум. Тыркум, Кърымымрэ Кавказымрэ я бгылъэ мэз Iувхэм зэкъуэтIа­къуэххэ къыщыщагъуэти къохъу.
Зэман жыжьэкIэ дызэIэбэ­кIыжмэ, Налшык паркым и лъэс зекIуапIэхэр ягъэдахэу щытащ пихтэ щхьэпэхъурей лъагэшхуэхэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэралым и зыгъэпсэхупIэхэр зыгъэдахэу щыта а жыг телъыджэхэр ди щIыналъэм щытлъагъужыркъым, Псыхуабэ, Нартсанэ мыхъумэ. Туехэри аращ, уеблэмэ абыхэм иджыпсту нэхъыбэрэ уащрихьэ­лIэнущ къуажэ утыкухэмрэ ­къулыкъущIапIэхэм я бжэIупэхэм­рэ. Ахэр дахэщ, уардэщ, тыншу хокIэ, зэ хэпса нэужь яхэгъукI къащыхэкIыр зэзэмызэххэщ. Абы къыхэкIыу унагъуэ куэдым я куэбжэ дыхьэпIэхэм, хадэхэм щыхасэ. ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр, Дэшхуей хадэр, ди лъэс зекIуа­пIэхэр, Налшык и псы нэпкъхэр нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ псей­­хэмрэ уэздыгъейхэмрэ имыту. Мы зэманым абыхэми щIымахуэм зыхуагъэхьэзыр - псы куэд зыщIашэркъым, уэс къатесэр яхурикъунущ. Гъатхэм техьэху я жылэхэр, банэхэр быдэу паIыгъэнущ а зэрыщхъуантIэм тету. Гъэр зэрикIыу пыгъухьыну хунэса жылэхэр коммунальнэ хозяйствэм и лэ­жьакIуэхэм къыпах. Къуалэбзухэри абы хотхъыкI. 

Шэрэдж Дисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр