Анэхэр ягъэгуфIэ

Урысей гвардием и дзэ частым, Звёзднэ посёлкэм щыIэм, къулыкъур щезыхьэкI­хэри хэтащ Анэм и махуэм хуэщIауэ ведомствэм къызэригъэпэща «Мамэ фIыуэ долъагъу» акцэм. 

Сэлэт 20-м щIигъум я анэхэм хуаIэ лъа­гъуныгъэмрэ пщIэмрэ теухуа псалъэхэр иратхащ абы щхьэкIэ ягъэхьэзыра, IэнатIэм и дамыгъэр зытет махуэшхуэ бланкхэм. 
- Мы письмохэр фи анэхэм игъащIэкIэ ­яхъумэнущ. Фэ фщыщ дэтхэнэми и ехъу­лIэныгъэхэм фи анэхэм я гуащIэ хэлъщ. Абыхэм фIыщIэ яхудощI нобэ, – жи­Iащ сержант нэхъыжь Куканьковэ Валентинэ.
 ЩIалэхэм я тхыгъэхэм я анэхэм щехъуэ­хъуащ махуэшхуэмкIэ, узыншагъэ быдэ яIэну зэрагуапэр къыхагъэщащ, я Iуэхур зытетхэм яхутепсэлъыхьащ. 
«Мамэ фIыуэ долъагъу» псалъэхэр зытет письмохэр Анэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу ар зыхуатхахэр щыпсэу, къэ­ралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм яутIып­щащ. 
БАХЪСЭН Ланэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр