Я лэжьэкIэм арэзы къещI.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт комиссэм къип­щытащ шэч зыхуащIхэмрэ ягъэ­къуаншэхэмрэ я хуитыныгъэхэр къы­зэ­рагъэсэ­бэпыф щIыкIэр. Комиссэм хэтащ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэм, КъБР-м и Iэтащхьэм и деж жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм защIэ­гъэкъуэнымрэ зегъэужьынымкIэ, цIыхум и хуитыныгъэмкIэ щыIэ комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ щыIэ уполномоченнэм и аппаратым, КъБР-м и Жылагъуэ-кIэлъып­лъа­кIуэ комиссэм я лIыкIуэхэмрэ республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэмрэ. Къэпщытэныгъэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и Жылагъуэ советым и унафэщI Туменов Мурадин. Комиссэм махуитIкIэ иригъэкIуэ­кIащ и лэжьыгъэр: шэч зыхуащI­хэм-рэ ягъэкъуаншэхэмрэ пIалъэкIэ ща­Iыгъхэм я щытыкIэм еп­лъащ, яубыдахэм епсэлъащ. КъБР-м щыIэ МВД-м иIэщ шэч зыхуащIхэмрэ ягъэкъуаншэхэмрэ пIа­лъэкIэ щаIыгъ административнэ тезыр зрагъэпшынхэм яхуэщIа ­щIы­пIэхэр ИВС-хэм я плъырхэмрэ фель­дшерхэмрэ махуэ къэс щIоупщIэ зыгъэпIейтей щыIэмэ, я узыншагъэр ­къапщытэ, абы кърикIуа-хэр медицинэ журналхэм иратхэ, фель­д­­шерыр щымыIэмэ, дэIэпы­къуэгъу псын­щIэм и гупым и доху­тырым къызэпеплъыхь. Камерэхэр къабзэщ. Комиссэм хэтхэр зэпсэлъахэр псори Урысей Федерацэм и цIыхущ. Абыхэм упщIэ 21-рэ иратащ я хуитыныгъэр къызэрагъэсэбэпым, зэ­рагъашхэм, медицинэ хуэIухуэщIэ зэрагъуэтым теу­хуауэ. ЗэупщIа цIыху 36-м ИВС-мрэ ­ОВД-м и IыгъыпIэ хэхахэмрэ я лэжьыгъэр тэмэму къалъытащ, я хуитыныгъэхэм теухуауэ тхьэусыхафэ ямыIэуи жа-Iащ.

КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.