Мэкъумэш техникэхэр къащэху

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ республикэм и мэкъумэшыщIэхэм техникэщIэ зэмылIэужьыгъуэу 171-рэ къащэхуащ. Нэ­гъабэ и иджы хуэдэ зэманым къащэхуауэ щытахэм нэхърэ ар 65-кIэ нэхъыбэщ.

Псалъэм папщIэ, тракторыщIэу 114-рэ къащэхуащ, ар 33-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ. Гъавэр зэрыIуахыж комбайну 14 къаIэрыхьащ (нэгъабэ къахущэхуар 7 къудейщ). КъэкIыгъэхэм зэрелэжь нэгъуэщI техникэу 50 къыхагъэхъуащ яIэхэм. Нэгъабэрейхэм нэхърэ ахэри 24-кIэ нэхъыбэщ. 
Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм техникэщIэхэр лизингкIэ къащэху хабзэщ. Апхуэдэ IэмалкIэ дызэрыт илъэсым 85-рэ къахэхъуащ. 
БАТОКЪУЭ  Албэч. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.