Шэмызокъуэ Заур инструктор пажэщ

«2023 гъэм мафIэсым пэщIэт профилактикэ Iуэхум- кIэ инструктор нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна еплъыны­-гъэ-зэпеуэр зэфIэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм и ПСЧ-хэм ящыщхэр. 

Зэпеуэр IыхьиплIу гуэшат. Къалъытащ IуэхущIапIэм и инструктор гупым я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщ­хьэхэм щызэфIагъэкIам кърикIуахэр, и къулыкъум тео­риекIэ зэрыхуэхьэзырымкIэ зачётхэр ятащ, республикэм и къуажэхэм мафIэс-профилактикэ Iуэхухэр къызэрыщызэ­рагъэпэщам, зэрыщрагъэкIуэкIам и фIагъыр, апхуэдэуи мафIэсым пэщIэтыным теухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр егъэ­кIуэкIынымкIэ я зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуащ.  
Еплъыныгъэ-зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ ПСЧ-21-м (Старэ Шэрэдж къуажэ) мафIэсым пэщIэт профилактикэ IуэхумкIэ и инструктор нэхъыфIу къалъыта  Шэмызокъуэ ­Заур. МафIэс-къегъэлакIуэ часть №14-м и инструктор (Ан­зорей къуажэ) Алборэ Амир етIуанэ увыпIэр къихьащ. Ещанэ хъуащ ПСЧ-20-м (Къубэ-Тэбэ къуажэ) и лэжьакIуэ Къумыкъу Астемыр.
Шэмызокъуэ Заур мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IэнатIэм щолажьэ 2013 гъэ лъандэрэ. А илъэсипщIым абы зы­къигъэлъэгъуащ лэжьакIуэ нэхъыфIу. Къэбэрдей-Балъ­-къэ­рым и мафIэс-къегъэлакIуэ IэнатIэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Сэбан Арсен зэрыжиIащи, Заур нэхъапэ-кIи апхуэдэ еплъыныгъэ-зэпеуэхэм етIуанэ (2018 гъэ), япэ (2019 гъэ), ещанэ (2022 гъэ) увыпIэхэр къыщихьащ. 
БАХЪСЭН  Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.