Шы лъэпкъыфIхэм тесу зэпоуэ

Бахъсэн щIыналъэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» комп­лексым иджыблагъэ щекIуэкIащ гъуэгуанэ кIыхь шым тесу зэпычынымкIэ зэхьэзэхуэ. Ар теухуауэ щытащ Аникеев Сергей и фэеплъ саугъэтыр къэхьыным. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым нэмыщI, Къэрэшей-Шэрджэ­сым, Адыгейм, Дагъыстэным, Мэзкуу, Липецк, Пензэ областхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм я шууейхэр. 

Километри 100 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр зэпычыным япэ увыпIэр къыщихьащ Мэзкуу областым щыщ Ковшаровэ Анастасие (Эхо де Монтпаон шымкIэ), етIуанэ хъуащ ди республикэм и шууей Зыхъуэ Замир (Азарт), ещанэр Жамбей Сэлимщ (Гектор, КъБР).
Километр 80-м япэ щыхъуащ КIэбышэ Анзор (Гильзар, КъБР), етIуанэр Къунаш Алимбэчщ (Нарадная, КъБР), Тау Аслъэнбэч ещанэщ (Рабдан, КъБР).
Километр 40 къэзыкIуахэм я деж щытекIуащ Абдуллаевэ Салихьэ (Аль-Шамс, КъБР), Гусак Елизаветэ етIуанэщ (Убых, КъБР), Тембот Динэ ещанэщ (Глок, Адыгей).
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр щIыхь тхылъхэмкIэ, кубокхэмкIэ, медалхэмкIэ ягъэпажащ. 
«Аникеев Сергей шы лъэпкъыфI къэзыгъэхъу цIыху телъыджэу щытащ. Краснодар крайм щыIэ «АдыгэшымкIэ Аникеевым и шы завод» IуэхущIапIэм и унафэщIу, къэралым шы лъэпкъыфIхэр къыщызыгъэхъухэмрэ адыгэшыр фIыуэ зылъагъухэмрэ я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу лэ­жьащ. И къару, щIэныгъэ, гуащIэ куэд хилъхьащ адыгэшыр гъэбэгъуэным, абы и пщIэр дунейм лъагэу щыIэтыным. А цIыху гуащIафIэр дэ зэи тщыгъупщэнукъым», - яжриIащ къызэхуэсахэм Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим. 

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.