Мыужьыхыж мафIэ

Псыпэр зэрыкIуэм псыкIэри ирожэ, жаIэ. Лъэхъэнэ къэс езым и щхьэхуэныгъэхэр иIэжщ, абыхэм я зэфIэхыным гугъуехь наIуэхэр япы­щIауэ, ауэ цIыхубэм я щыIэныгъэр зэтеублэным икIи унэтIыным гуэх имыIэу епхауэ. XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэр, псом хуэмыдэу 1920 - 1930 гъэхэр, жылэм дежкIэ тыншу щытауэ жыпIэфынукъым. Къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр щIыгызым ещхьт: зауэмрэ-банэмрэ, зэныкъуэкъумрэ зэрыхьзэриймрэ къадэкIуэу, псэукIэми, гупсысэкIэми, ­дуней лъагъукIэми зызэблахъурт. ЦIыху зэхэтыкIэм псынщIэу зи­хъуэжыным хэлъ щымыIэми, лъэпкъ гъащIэм зэи имыгъуэтыжыну кIэ­рыху иIэныр зыхуэIуа щыIэтэкъым. Псом хуэмыдэу апхуэдэ шынагъэр ящхьэщытт лъэпкъ мащIэхэм. ЖыпIэнуращи, цIыхур зыгъэгъуэзэн узэщIакIуэ хуэныкъуэт. Мис апхуэдэ лъэхъэнэщ адыгэм ЩоджэнцIыкIу Алий къыщыхэкIари.

Егъэлея хэлъынукъым ЩоджэнцIыкIу Алий лъэпкъым, зыхилъхьэ щы­мыIэу, фIыуэ илъэгъуа цIыхухэм ящыщщ, жытIэмэ. Абы и усыгъэр псэхэлъхьэжым хуэдэт - цIыхубэм я гурыгъу-гурыщIэхэм япэджэжырт, щIэр игъэгушхуэрт, жьыр игъэгумащIэт. Анэбзэм и нэхъ псалъэ IэфI-хэмкIэ зэпыгъэува усэбзэр пшыналъэу зэрылъэлъырт, ар гукIэ зрагъащIэрти, дэнэ зэхуэси щагъэIурт. Алий езыр адыгагъэ ин зыхэлъ, гулъы­тэшхуэ зиIэ, дэтхэнэри езым и пIэм изыгъэувэф цIыхут. ЩоджэнцIыкIум и усыгъэр щIызэIэпахым и зы щхьэу­сыгъуэт ар цIыхумкIэ гумащIэу зэ­- ры­щытари. УсакIуэшхуэм и гущIэм къиIукI макъамэм ар зыхуэдэр гъу­джэм хуэдэу къищырти, цIыхубэми ар зыхищIэрт. Лъэпкъ литературэм и гъунэ изылъари, Iэмалыбэр хэзылъ­хьари, IуэрыIуатэм ижь къыщIихуа­ми, псалъэ зэгъэпэщыкIэщIэхэр ­къы­хэзылъхьари Алийщ. Абы и фIы­щIагъэр апхуэдизкIэ инщи, нобэр къы­здэсым и мыхьэнэр кIуэдакъым, ли­­тературэм къыхыхьэхэр абы деж-кIэ йоплъэкI, щапхъэ зытрахын куэд къыхах.
ЩоджэнцIыкIум и цIэр уахътыншэ ищIащ адыгэ псалъэр зэрызэщIигъэжьыуам. Ар ящыгъупщэркъым, къыщIэна и IэдакъэщIэкIхэм хужи­Iэнрэ къыхихынрэ къегъуэт щIэблэ­щIэ къэс. Апхуэдэт Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэр. «Адыгэ литературэм и зэхэублакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и усыгъэм хуаIэ еплъы­кIэ­щIэ­хэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ» - арат зэреджэр усакIуэр къыщалъхуа ­махуэм ирихьэлIэу КъБКъУ-м, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым къызэ­рагъэпэща щIэнIуатэм. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и щIэныгъэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэхэр, курыт щIэ­ныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ я егъэджакIуэхэр, аспирантхэр, магистрант­хэр.
КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыха­гъэ­щамкIэ, зэIущIэм и къалэн нэхъыщхьэр ЩоджэнцIыкIум и къалэ­мы­пэм къыщIэкIа тхыгъэхэм щIэб­лэм гулъытэ хэха хуегъэщIынырщ икIи егъэджынырщ. «Зым дежкIи щэ­ху­къым иужьрей илъэс тIощIырып­щIым цIыхум и дуней лъагъукIэм фIыуэ зэрызихъуэжар, дуней къэхъугъэхэм хуаIэ щытыкIэри нэгъуэщI зэрыхъуар. Ар теухуащ литературэ-ми. Зэгуэр мыхьэнэшхуэ зиIэу къалъытэу щыта тхыгъэхэр нобэ литературэм и тхыдэм щыщ хъужащ, утыку къипхьэнкIэ Iэмал зимыIэ нэгъуэщI тхыгъэхэм пщIэ хуащIу, гулъытэ ­ягъуэту хуежьащ. Абыхэм къащхьэщокI ЩоджэнцIыкIум и Iэдакъэ­щIэкI­хэр, псом япэрауэ, и бзэр щапхъэу зэрыщытымкIэ, етIуанэрауэ, псыпэ­хэшу лъэпкъым зэриIамкIэ. Адыгэ литературэм и классикым и усэхэм нэгъуэщIынэкIэ ухэплъэныр, бгъэды­хьэ­кIэщIэхэр къахуэгъуэтыныр зэма­ным къигъэув Iуэхугъуэщ. ЗэIущIэри аращ зытеухуар - дахагъэр, къабзагъэр, цIыхугъэр усакIуэм къызэрищ­тэмрэ абыхэм къызэщIаубыдэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ нобэрей ­гъащIэм зэрыпэджэжыр, ужьых зэ­римыIэр щIэблэм ягурыгъэIуэнырщ», - жаIащ къызэгъэпэщакIуэхэм.
ЩIэнIуатэр къыщызэIуихым, ­КъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм и уна­фэщI Гериевэ Аймани къыхигъэщащ ЩоджэнцIыкIум и усэхэм я пщIэр сыт хуэдэ зэмани зэры­мы­кIуэдынур, гу зэIухакIэ уабгъэдыхьэ къудеймэ, зэхэщIыкIым ещхьэпэн фIы­гъуэбэ хэти къызэрыхихыфы- нур. «ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэм уа­щыпхыджыкIкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым ар жыжьэ плъэуэ, куэд къыгурыIуэу зэрыщытам. Нобэ итха фIэкIа умыщIэну куэд яхэтщ абы­хэм. ЩIэблэр бгъэсэнумэ, Що­джэнцIыкIум и усэхэм къапкърыкI гупсысэхэр гъуэмылэ хьэзырщ. Ди библиотекэр нобэрей Iуэхугъуэм щIы­хэтым и щхьэусыгъуэщ ар ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъитIым - адыгэ­хэм­рэ балъкъэрхэмрэ - я щэнхабзэ хъумапIэу зэрыщытыр. Мыбдеж уса­кIуэм къыщIэна хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщ куэд щыдохъумэ. Сыт и уасэ, псалъэм  и  хьэтыркIэ,   КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэ­щIэ­хэмкIэ и министр КIурашын Анзор тыгъэ къыхуищIа тхылъыр. Зи гугъу сщIар ЩоджэнцIыкIу Алий 1935 гъэм къыдигъэкIа и усэ зэужьырщ. Ар адыгэ тхэпкъылъэр латин хьэрфхэм щытетым дунейм къытехьащ, ауэ, ­нэхъыщхьэращи, езы усакIуэм и щIэинхэм ящыщщ. Нобэ а тхылъыр КъБКъУ-м и тхылъ гъуэтыгъуейхэм я фондым хэлъу дохъумэ. ЖыпIэну­ращи, ди зэIущIэр усакIуэм худиIэ пщIэм хэзыгъахъуэ, ар лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэжым дежкIэ мы­хьэ­нэшхуэ зиIэ лъапIэныгъэу зэрыщы­тым иджыри зэ щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэщ. Зэхуэсым и фIагъ ин къы­зэрыкIуэнум шэч къытесхьэркъым», - жиIащ Гериевэ Аймани.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэм Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр утыкум кърахьащ. Апхуэдэу куэдым гъэщIэгъуэн къащыхъуащ КъБР-м и радиом и унафэщI, УФ и ТхакIуэхэм я зэгу­хьэныгъэм хэт Мэремкъул Ларисэ и къэп­сэлъэныгъэр. Ар теухуат белорус тхакIуэ Гаврилович Владимир «Сэри цIыхум сыкъилъхуащ» зыфIища драмэ повестым. Тхыгъэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIа Мэремкъул Ларисэ и псалъэм къыщыхигъэщащ хамэщIым уса­кIуэм къыщыхуащI кIухьэныр зэ­ры­гъунэншэр, Белоруссиер зэрып­хъуакIуэхэм къаIэщIэхыжыным хуэу­нэ­тIауэ Плъыжьыдзэм зэрихьа лIыгъэр зэи зэращымыгъупщэр, пыухы­кIауэ жыпIэмэ, ЩоджэнцIыкум и фэеплъыр мыужьыхыж мафIэу я гум зэрилъыр. Тхыгъэр адыгэбзэкIэ щы­зэ­ридзэкIым, Мэремкъулыр хущIэ­къуащ ар зэрытха бзэм къыуит гу­зэхэщIэр зэрихъумэным, тхакIуэм и гуузыр къызэрызэтринэным. Ар къэгъэнауэ, зэдзэкIакIуэр Гаврилович Владимир мызэ-мытIэу епсэ­лъы­лIащ, и еплъыкIэхэр зригъэщIащ, язы­ныкъуэ IуэхугъуэхэмкIэ чэнджэ­щэгъу къищIащ. Абы и щыхьэту езы белорус тхакIуэри пэIудзауэ зэIущIэм къыхыхьащ. Гаврилович гъэщIэ-гъуэн дыдэу къэпсэлъащ, ауэ зэIущIэм хэтхэм нэхъ гукъинэж ящы-       хъуар ар Бобруйск лъэхъуэщым зэры­щы­Iарщ. ТхакIуэм зэрыжиIамкIэ, усакIуэм игъэва бэлыхь псори з­ы­хэпщIэну Iэмал щымыIэми, зыхи­щIыкIын щхьэкIэ ар зэрылIыхьа лъэхъуэщым итащ, зауаем и илъэс мафIэсхэм псэкIэ кIуащ. «Дауи, Що­джэнцIыкIу Алии, абы хуэдэу зауэм и щыщIэныгъэ псори зыгъэва зауэлI мелуанхэми я пIэ уиувэныр гугъущ. Ауэ усакIуэпсэр махэщ, зыхищIэр куэдыщэщ. Зы цIыхум адрейм лей ирихыныр зи дуней лъагъукIэм фэбжьу хэуэ Алий къыгурымыIуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым «ЦIыху» щIыжаIар абы хуэфащэу упсэун щхьэкIэ КъэгъэщIакIуэм дунейр псэ зыIутым Iэмыр щIыхуищIар. Дэри ди повестыр щыттхым дыкъыщежьар аращ - цIыхуу  дунейм  утетын щхьэкIэ, ЦIыхуу укъалъхун зэрыхуейм епха гуп­сысэм. КъыдэхъулIамэ, ди на­сыпщ», - жиIащ Гаврилович.
Апхуэдэу щIэнIуатэм и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Тхьэгъэзит Юрэ, Шэшэным къыщыдэкI «Гудермес» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Борхаджиев Хож­бауди, КъБКъУ-м и щIэныгъэ биб­лиотекэм и унафэщIым и къуэдзэ Борэн Мадинэ, КъБКъУ-м хамэ къэ­ралыбзэхэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь Багъ Заремэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт ­Къудей Фаридэ, КъБКъУ-м и щIэ­ныгъэ библиотекэм и лъахэдж къу­дамэм и лэжьакIуэ Къэмбэчокъуэ Альбинэ, нэгъуэщIхэри.
Зэхуэсым кърикIуа лэжьыгъэр къы­зэщIикъуэжкIэрэ, ар зезыгъэкIуа ­КIудей Фаридэ къыхигъэщащ Що­джэнцIыкIу Алий и усыгъэмкIэ методикэ дэIэпыкъуэгъухэр егъэджа­кIуэхэм папщIэ къыдэкIыным зэры­хуа­гъэхьэзырыр, тхыгъэхэр куууэ джынымкIэ программэхэр зэры­зэхалъ­хьэр. Абы къищынэмыщIауэ, щIэнIуатэм и утыкум къралъхьа щIэ­ныгъэ лэжьыгъэхэр тхылъ щхьэхуэу къызэрыдагъэкIыжынур, усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр щадж дерсхэм ­къыщагъэсэбэпын хуэдэу, ахэр зэры­зэ­хаухуэнэжынури Къудейм къыжи­Iащ.
ИпэжыпIэкIэ, цIыхур уахътыншэщ, и цIэр къраIуэху, гугъу зыщIригъэхьа икIи псэемыблэжу зытелэжьа Iуэхум къыпащэху. ЩоджэнцIыкIу Алий ­ псэу щIыкIэ и пщIэр и гуащIэдэкIкIэ къилэжьыжащ, иджы а пщIэр къэ­кIуэну лъэхъэнэхэми нэхьэсын хуейщи, шэч хэлъкъым, ар зыхузэфIэ-кIын унэтIакIуи, гъэсакIуи, гъэсэни зэрыдиIэм.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.