ЩIалэгъуалэр Iейм щахъумэн мурадкIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Юрий бадзэуэгъуэм и 26-м иригъэкIуэкIащ Наркотикым пэщIэтынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комиссэм и зэIущIэ.

Ар къыщызэIуихым, ­КъБР-м и Iэтащхьэм къы­хигъэщащ зи чэзу зэIущIэр зэрыхухахар наркотик лIэу­жьыгъуэхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ ямыщэным, щIалэгъуалэр абыхэм ящыхъумэным теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр къэпщытэным.
- Хабзэм къемызэгъыу наркотик ящэн-къэщэхуным теухуа щIэпхъаджагъэхэм я бжыгъэр иужьрей илъэситхум нэхъ мащIэ хъууэ зэрекIуэкIам емылъытауэ, япэ дыдэ апхуэдэ зылэжь­-хэр куэд мэхъу. Къищы­нэ­мыщIауэ, Наркодиспансе­рыр зыкIэлъыплъхэм ящыщуи щIэпхъаджагъэ зы­лэжь­хэм я бжыгъэр хэ­хъуащ. Псалъэм папщIэ, 2017 гъэм абыхэм щIэпхъаджагъи 6 ялэжьауэ щытамэ, мы гъэм 8 хъуащ. Нэхъыбэрэ апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр къыщохъу ­Прох­ладнэ, Тэрч, Май щIы­на­лъэхэм, - жиIащ КIуэкIуэ Юрий. - Зи ныбжьыр илъэс 18 - 19 итхэм ящыщу наркотик зэIэпыхыным епхауэ щIэпхъаджагъэ зылэжьахэм я бжыгъэр 2017 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм 86-рэ ­хъууэ щытащ, мы гъэм и мазихым - 114-рэ. Налшык къалэмрэ Аруан, Бахъсэн, Май щIыналъэхэмрэщ а бжыгъэр дэзыгъэкIуеяр. Сыхуейт мы Iуэхум куууэ делэжьыну. Наркотикым пэщIэтынымкIэ республикэм и щIыналъэхэм щы­лажьэ комиссэхэм я лэжьыгъэр къапщыта нэужь, наIуэ къэхъуащ акъылыр зы­гъэутхъуэ пкъыгъуэхэм зы­Iэпашахэм, щIэпхъаджагъэ зылэжьахэм, медицинэ IуэхущIапIэхэм зы­щы­зы­гъэхъужыну хуейхэм щхьэ­хуэ-щхьэхуэу рай­онхэм лэ­жьыгъэ зэрыщы­д­рамы­гъэ­кIуэкIыр. Ар ныкъусаныгъэшхуэу къызолъытэ. Наркотик зэзыхьэлIэ дэтхэнэ цIыхуми, абы и уна­гъуэм щIэсхэри хиубыдэу, щхьэхуэу дыдэмылыжьауэ мы Iуэхум дыпэлъэщынукъым. ГъащIэ узыншэм къы­хуезыджэ, цIыху куэд щызэхэфшэ Iуэхухэр фIыщ, ауэ купщIафIэ дыдэу къэп­лъытэ хъунукъым. Дэ ди щIалэгъуалэмкIэ жэуап ­дохь, икIи лэжьыгъэр щIэдгъэхуэбжьэн хуейщ. СфIэкъабылщ адрей щIыналъэ­хэмрэ къэралхэмрэ мы Iуэхум зэрыпэщIэт Iэмалхэм зыщывгъэгъуэзэныр.
КъБР-м и МВД-м и уна­фэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Мамхэгъ Назир жиIащ наркотикым пэщIэ­тыным ехьэлIауэ ирагъэ­кIуэкI лэжьыгъэм хы­хьэу, 2018 гъэр къызэрихьэрэ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэм ­Iуэхугъуэ 200-м щIигъу зэ­рырагъэкIуэкIар икIи абыхэм цIыху мин 70 зэрыхэтар. IуэхущIапIэм и нэIэ тригъэ­тыну учётым игъэуващ хабзэр къызэпызыуда ныбжьы­щIи 113-рэ.
- Медицинэм щымыщ нар­котик лIэужьыгъуэхэр зэ­рызрахьэлIэм къыхэкIыу, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ ­IэнатIэхэм я учётым балигъ ныбжьым нэмыса ныбжьы­щIэ 14 ягъэуващ, ар нэгъабэ елъытауэ проценти 7,7-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэуи 2018 гъэм и япэ илъэс ны­къуэм административнэ жэ­уапым етшэлIащ щIалэ­гъуалэу 112-рэ, - жиIащ ­Мамхэгъым.
Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, наркотикым пэ­щIэтынымкIэ лэжьыгъэ щра­гъэкIуэкIкIэ, балигъ ныб­жьым нэмысахэмрэ щIа­лэгъуалэмрэ гулъытэ ­хэха хуащI. Псом хуэмыдэу республикэм и курыт еджапIэхэм ядолажьэ. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ мазэхэм министерствэм и мурадщ «Гъэмахуэ узыншэ - 2018 гъэ» Iуэхур сабий лагерхэм щригъэкIуэкIыну. Республикэм и еджапIэхэм щыты­-кIэр зыхуэдэр къыщапщытэу илъэс псом щолажьэ IэщIагъэлI 97-рэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм нар­котикым теухуауэ зэIущIэ 50-м щIигъу мы гъэм щрагъэкIуэкIащ. Мамхэгъым жиIащ IуэхущIапIэм КъБР-м и УФСИН-м и лэ­жьакIуэхэр щIыгъуу, наркотик щIэпхъаджагъэ зэралэ­жьамкIэ къуэды зытралъхьа балигъ ныбжьым нэмыса бын зиIэхэм я унэхэм зэрыкIуэр, зэрепсалъэр. Ап­хуэдэуи КъБР-м и МВД-р жыджэру долажьэ СпортымкIэ министерствэм. Абы­хэм спорт зэпеуэхэр ­зэгъусэу ирагъэкIуэкI, щIэб­лэр хэкупсэу гъэсэным я лэжьыгъэр траухуэ, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я ветеранхэм ныбжьыщIэ-хэр хуагъазэ. Мамхэгъым жиIащ иужьрей илъэсхэм республикэм къыщызэIуах кальян-бархэм я бжыгъэр зэрыхэхъуар къэлъытауэ, апхуэдэ IуэхущIапIэхэр къы­зэрапщытэр, узыншагъэм зэран хуэхъу пкъыгъуэхэр хабзэм къемызэгъыу ирамыгъэщэн папщIэ.
КIуэкIуэ Юрий жиIащ щIалэгъуалэр зэIызыгъэхьэ Iэмалхэр гъэ къэс нэхъы­бэжу къызэрыунэхур. Абы и щыхьэту къигъэлъэгъуащ 2018 гъэр къызэрихьэрэ ­Интернет-сайт 96-рэ, нар­котик зэрагъэхьэзырым щы­хагъэгъуазэу, къащэхуну къыхураджэу къызэрыщIагъэщар. Абы щыщу 57-р ­къагъэувыIащ. Абы щыгъуэми КъБР-м и Iэтащхьэм жи­Iащ лэжьыгъэ ирагъэ­кIуэкIым арэзы укъызэримыщIыр.
КIуэкIуэ Юрий дыщIи­гъуащ республикэм и рай­онхэм наркотикым пэщIэ­тынымкIэ щылажьэ комиссэхэм я унафэщIхэм ящыщу я IэщIагъэмрэ зыIут IэнатIэмрэ зэтеухуэу я ­къалэным пэрытыр Бахъ­сэн, Лэскэн щIыналъэхэм ейхэр зэрыарар икIи район Iэтащхьэхэр къыхуриджащ комиссэхэм я лэжьыгъэр тэмэму яубзыхуну, мы Iуэ­хум хэзыщIыкI IэщIагъэлI­хэр кърашэлIэну.
КIуэкIуэ Юрий зыщигъэгъуэзащ Прохладнэ райо­ным щаухуа, наркотикым зыIэпишахэм я узаншагъэр щрагъэфIэкIуэж IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм. Мамхэгъ Назир жиIащ абы мы зэманым цIыхуиблым зэращы­кIэлъыплъыр.
КIуэкIуэм жиIащ наркотикым пэщIэтыным теухуауэ КъБР-м Узыншагъэр хъумэ­нымкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа-лэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм ирагъэкIуэкI лэ­жьыгъэр зэрымащIэр. «Нар­котик зэремыфэмкIэ тхылъ иIыгъми, акъылыр зыгъэутхъуэ зрихьэлIауэ транспортым дэсу яубыда щыIэщ. Апхуэдэ Iуэхухэм урохьэлIэ Iэщэ зэрахьэну ­хуит щащIкIи. ТкIийуэ кIэ­лъыплъын хуейщ апхуэдэ къэмыхъуным», - къыхигъэщащ КIуэкIуэм. Абы жиIащ республикэм и еджакIуэ-хэм зи гугъу ящI IуэхумкIэ пасэу ядэлэжьэн щIадзэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ дин, жы­лагъуэ зэгухьэныгъэ­хэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат, ­КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа-лэм я IуэхухэмкIэ и минист­рым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес, ­Ар­уан, Май, Шэрэдж районхэм я щIыпIэ ад­минист­рацэхэм я Iэтащхьэхэу Куэшей Азэ­мэт, Евтушенкэ Сергей, Мур­тазов Борис.
КъБР-м ШынагъуэншагъэмкIэ и Советымрэ Нарко­тикым пэщIэтынымкIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и комиссэмрэ хэтхэм, хабзэ­хъумэ лэжьакIуэхэр я  гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэм пщэрылъ ящищIащ Май, Прохладнэ, Шэрэдж щIы­налъэхэм, апхуэдэуи адрей районхэм щIэпым теухуауэ я Iуэху зытетыр къапщытэну. А лэжьыгъэр фокIадэм и 1-м зэфIагъэкIын хуейщ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.