ЩIЭБЛЭМРЭ УНЭТIАКIУЭ ЖЭРДЭМХЭМРЭ

Налшык къалэм дэт 33-нэ  курыт еджапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «УнэтIакIуэхэм я зэхуэс-2023» зыфIаща урысейпсо Iуэхугъуэр. Ар теухуат къэралымрэ щIыналъэхэмрэ щызэфIэува унэтIакIуэ жэрдэмхэр зэщIэгъэуIуэным, нэхъ гъэщIэгъуэнхэр хэIущIыIу щIыным, ахэр къызыхэщ къэралпсо Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэща хъуным. Зэхуэсыр къызэригъэпэщащ ЩIэныгъэмкIэ къэрал университетым, абы къыхилъхьа гукъэкIыр диIыгъащ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм.

Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр Урысейм и хэгъэгу зыбжанэм щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ цIыху мини 130-м щIигъу, къыщыпсэлъащ къэрал икIи щIыналъэ къулыкъущIэхэр, щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьакIуэхэр, къэрал экономикэм и зыужьыныгъэр зэлъыта IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр. Къапщтэмэ, Саранск къалэм и закъуэ «УнэтIакIуэхэм я зэхуэс-2023» зэхыхьэм IэщIагъэлI 400-м щIигъу, цIыху мин 45-рэ хэтащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, жэрдэмыр къадэзыIыгъ щIыналъэхэм я бжыгъэм хэхъуэхукIэ, зыхуагъэувыжа мурадхэмрэ зыщащIыжа къалэнхэмрэ нэхъыбэм зэлъащIысынущ, къыхалъхьэ гукъэкIхэм я мыхьэнэри нэхъыбэм зэхащIыкIынущ, унэтIакIуэхэм я зэгухьэныгъэми хэхъуэнущ.
Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм зэIущIэр Налшык къалэм щызэхэтыну траухуат. МахуитIкIэ екIуэкIа зэхыхьэм и программэр гъэнщIат, псалъэмакъ куэд дыди къызэщIиубыдэрт. Псалъэм папщIэ, зэхуэсым кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ унэтIакIуэм и лэжьыгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм, ар лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызэбгрыкIым, нобэрей дунеймрэ щыIэныгъэмрэ щаубыд увыпIэм, акъыл зэхэдзэкIэ щапхъэ нэхъыфIыIуэхэр утыкушхуэ ихьэн зэрыхуейм. Зэхуэсым хэтахэр акъылэгъу ирихъуащ щIалэгъуалэм къыхалъхьэ жылагъуэ жэрдэмхэмрэ гупсысэхэмрэ гъуэгу етын зэрыхуейм, ар зы щIыналъэм и кIуэцI къимынэн щхьэкIэ, къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтхэр зэрызэгъэуIупхъэм, псоми зэдай пэхуэщIэхэмкIэ гъунэгъу зэрызэхуэщIыпхъэм. А гупсысэрат тегъэщIапIэ хъуар етIуанэ махуэм. «Псалъэм къыпыкIауэ Iуэхум хуэкIуэн» зыфIаща зэхыхьэм Iэнэ хъурей зыбжанэ щекIуэкIащ, Iуэху еплъыкIэхэм я зэныкъуэкъухэр хэтащ, пэхуэщIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэрагъэпэщащ. ХьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ лъэныкъуэкIэ къаплъэм Кавказ Ищхъэрэр зэфэзэщу зэщхьу къалъытэми, абы хиубыдэ дэтхэнэ щIыналъэми уней щхьэхуэныгъэхэр зэраIэр, зыр адрейм къызэрыщхьэщыкI бгъэдыхьэкIэ хьэлэмэтхэр я дуней лъагъукIэм къызэрыхахыр. Щыхьэрышхуэм къикIахэм зэрыжаIамкIэ, Кавказым хуэдэу унэтIыныгъэ лэжьыгъэр гъэсэныгъэм, щIэныгъэм, узэщIыныгъэм, лъэпкъ щIэжым куууэ здепха нэгъуэщI щIыналъэ зэрыщымыIэр, абы жэрдэмхэр щхъуэкIэплъыкIэ икIи гъэщIэгъуэн дыдэ зэращIыр, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнгъасэмрэ щэнхабзэмрэ щIыхуеплъэкIыжын щапхъэ телъыджэхэр утыку къызэращIыр.
УнэтIакIуэхэм я зэхуэсыр 33-нэ курыт еджапIэм зэрыщекIуэкIар ауэ сытми къэхъуа Iуэхукъым. Мы IуэхущIапIэм зыбжанэ щIауэ егъэджакIуэхэри, еджакIуэхэри, адэ-анэхэри, жылагъуэ лэжьакIуэхэри щызэхэт икIи щызэдэлажьэ пэхуэщIэхэр щагъэзащIэ. Абы и лэжьыгъэр теухуащ иджырей дунейр нэхъыбэу зыхуэныкъуэ IэщIагъэхэм хуэунэтIыным, егъэджакIуэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэным, адэ-анэм я зэхэщIыкIыр къэIэтыным, а псом жылагъуэм деж щаIэ мыхьэнэр убзыхуным. ЕджапIэм щекIуэкI лэжьыгъэм хэгъэгупсо мыхьэнэ иIэщ, хъарзынэуи зэтеубла хъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIа зэхуэсым Iуэхугъуэ зыбжанэ кърагъэубыдащ. Апхуэдэу абы и ублапIэм деж хэгъэгу министерствэхэм я унафэщIхэм я брифинг хэтащ. ЗэраубзыхуамкIэ, абыхэм я къэпсэлъэныгъэм лэжьыгъэр иунэтIын, упщIэхэмрэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэмрэ къыхагъэбелджылыкIын хуейт. Япэ махуэм екIуэкIа зэIущIэр унэтIыныгъэм ехьэлIауэ щIыналъэм къыщызэрагъэпэщ лэжьыгъэхэмрэ къыщыхалъхьэ жэрдэмхэмрэ епхат, етIуанэ махуэр унэтIыныгъэмрэ экономикэмрэ я зэпыщIэныгъэхэм ятеухуат.
КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрагъэувамкIэ, Урысейм и щIыналъэхэм щызэхэтыну мыпхуэдэ зэIущIэхэм унэтIыныгъэм теухуа пэхуэщIэ зыбжанэ нэхъыфI дыдэм халъытэу къыхахынущ. Ахэр «УнэтIакIуэ пэхуэщIэ нэхъыфI дыдэхэр - 50» зыфIаща урысейпсо банкым хыхьэнущ, ягъэбагъуэу щIыналъэхэм къыщагъэсэбэпын хуэдэу.
Апхуэдэу къыхэгъэщын хуейщ Налшык щызэхэта зэIущIэр абдеж зэрыщимыухыр. «УнэтIакIуэхэм я зэхуэс-2023» зыфIаща жэрдэмыр адэкIэ макIуэ. Ар Челябинск къалэм щэкIуэгъуэм и 9 - 10-хэм, Новосибирск къалэм щэкIуэгъуэм и 16 – 17-хэм, Хабаровск къалэм щэкIуэгъуэм и 24 - 25-хэм, Тэн Iуфэ Iус Ростов къалэм дыгъэгъазэм и 5 - 6-хэм, Архангельск къалэм дыгъэгъазэм и 12 - 13-хэм, Мэзкуу къалэм дыгъэгъазэм и 20 - 21-хэм щызэхэтынущ.
 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.