ЛЪЭПКЪ ЛИТЕРАТУРЭМРЭ ЩЭНХАБЗЭМРЭ ЗЫГЪЭБЕЯ

ДифI догъэлъапIэ

УФ-м и ТхакIуэхэми и Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт тхакIуэ, усакIуэ-уэрэдус, журналист Джэдгъэф Борис къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.

 
Джэдгъэф Борис Мухьэмэд и къуэр Аруан щIыналъэм щыщ Аргудан къуажэм 1938 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м къыщалъхуащ. Къуажэ курыт еджапIэ нэужьым абы къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмрэ филологиемкIэ факультетыр, щалъхуа жылэм игъэзэжри бзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьащ, курыт еджапIэм и унафэщIу куэдрэ щытащ. Абы иужькIэ ар щылэжьащ партым и Аруан райкомым инструктору, пропагандэмрэ агитацэмкIэ къудамэм и унафэщIу, партым и райкомым и япэ секретару. 1991-1996 гъэхэм ар лэжьащ Аруан щIыналъэм къыщыдэкI «Маяк» газетым и редактор нэхъыщхьэу. 1997 гъэм къыщыщIэдзауэ 2014 гъэ пщIондэ республикэм къыщыдэкI «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэу щытащ.
Джэдгъэф Борис и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэхэри, Iуэтэжхэри, тхыдэм теухуа тхыгъэхэри. ЦIэрыIуэ хъуа уэрэд куэд абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ. ЦIыхубэм нэхъ гурыхь ящыхъуахэм ящыщщ, «Си нанэ», «Iэдииху», «Си гум уимыкIыж», «Сызыхуей щауэр», «НитIыр къызэдофэ», «Си гур щIэмыжейр» (Тхьэбысым Умар); «Си адыгэщI», «Си анэбзэ, си адыгэбзэ», «ЩыIэщ лъагъуныгъэ», «Сэтэней», «Дахэнагъуэ», «Уи нитIыр гуфIэм» (Къардэн Хьэсэн); «Анэхэр фэ зэикI фымыгъагъ», «Къэрал вагъуэ», «ФIыуэ слъэгъуам и уэрэд» (Къэбэрдокъуэ Борис); «Нысашэ» (Даур Аслъэн); «Дакъикъэ», «Мэлъэтэж кърухэр», «Зи плъэкIэр гуапэ», «Дыщэ мазэ» (ЖьэкIэмыхъу Жансурэт); «Хэкум папщIэ уэрэд», «Гум и къафэ» (Бэрэгъун Владимир). АфэщIагъуэ Зое макъамэ зыщIилъхьа усэхэщ «Псэм нэхъапэр», «Си гъатхэ», «Гур щымыщIэ лъагъуныгъэ» жыхуиIэхэр. ЩIэблэм адыгэ хабзэр, нэмысыр хэлъу, анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъуу гъэсэн Iуэхум икъукIэ хуэщхьэпэщ Борис и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр. Джэдгъэфым и уэрэдхэр ягъэзэщIащ икIи ягъэзащIэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм – Адыгейм щыщу Анзэрокъуэ Чеслав, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщу Гъуэт Хъусин, Къэбэрдей-Балъкъэрым и уэрэджыIакIуэ пажэхэу Мэремыкъуэ Хъусен, Сокъур Ольгэ, Къул ФатIимэ, Шэрджэс Iэсият, Tашло Алий сымэ, нэгъуэщIхэми.
Джэдгъэф Борис и усэхэм гуапагъэр йобэкI, абы и усыгъэ макъамэм сабиигъуэм и IэфIыгъэри, анэм и гу щабагъэри, щIыуэпсым къыпкърыкI хьэлэлыгъэри, гуащIэдэкI къабзэм къыпэкIуэ хъерри, адэжь жьэгум и хуабагъри, нэгъуэщI къэхъугъэ дахэ куэди щызэщIэлъщ. Абыхэм я щыхьэтщ усакIуэм и дэтхэнэ IэдакъэщIэкIри – къапщтэмэ, «ЛъапцIэрыщэу сабиигъуэ…», «Гъуэгу гъуэмылэ», «Шэпсы», «Пшынауэ», «Си хьэщIэ», «МыIэрысэ», «ДаIуэт: жьыбгъэщ…» усэхэр, нэгъуэщI куэди. Абы щыгъуэми Джэдгъэфым и усэхэм теплъэгъуэ дахэ гуэрхэр псалъэ дыгъэлкIэ къыщебжэкIауэ аракъым, атIэ а дахагъэр къэгъэщIыным къыдэкIуэу, ар гъащIэм и удынхэм щыхъумэн зэрыхуейри, фIыр щапхъэу зэрыщытыпхъэри усакIуэм гъэщIэгъуэну къеIуатэ. Языныкъуэхэм деж абы и усэхэм къапкърыщ Iущыгъэр гъащIэм зэрыщыпсэупхъэ хабзэ хэха гуэрхэм хуокIуэ.
 УсакIуэ-уэрэдус Джэдгъэф Борис и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ нэс хуэхъуащ. «Си нанэ», «Си анэбзэ, си адыгэбзэ», «Си бзэ, си псэ – си дуней», «Си адыгэщI» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуащ, цIыхубэм зэлъащIысащи, ахэр цIыхубэ уэрэду фIэкIа нэхъыбэм ящIэркъым. «Си нанэ» уэрэдыр къэтщтэнщи, ар зымыщIэ адыгэ, ди хэгъэгуми къыщымынэу, хамэ щIыпIэхэми щыгъуэтыгъуейщ.
Джэдгъэф Борис лирикэми лиро-эпикэми щылэжьащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Къамболэт», «Псынащхьибл», «ПцIащхъуэмрэ щакIуэмрэ» балладэр. «Къамболэт» поэмэр зыхуэгъэпсар усакIуэр къыщалъхуа Аргудан къуажэм щызэхэта колхозым и Iэтащхьэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Тэрчокъуэ Къамболэтщ. Тхыгъэм гуащIэдэкIым зи гуи зи пси ета, адэжь щIыналъэр езыгъэфIакIуэ, хэкум хуэпэж адыгэлIым и образ уардэ щызэфIэгъэуващ. Дызэрыщыгъуазэщи, балладэ жанрыр адыгэ литературэм зыужьыныгъэ ин щызымыгъуэтахэм ящыщщ. Абы и щапхъэ гуэрхэр щыIэми, а жанрыр иджыри къэлъытапхъэщ зэфIэувагъащIэхэм ящыщу. Ар зэфIэувэн Iуэхугъуэм зы щапхъэфIу хэуващ Джэдгъэф Борис «ПцIащхъуэмрэ щакIуэмрэ» зыфIища и балладэр. Мы тхыгъэр жанрым и мардэхэм тету зэхэлъхьащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, балладэм зэрыщыхабзэу, Джэдгъэфым и «ПцIащхъуэмрэ щакIуэмрэ» гуащIэу екIуэкI сюжет икIи кIэух гууз иIэщ. Апхуэдэуи балладэм и зы нэщэнэу мыбы ущрохьэлIэ аллегориер зэбэкI къэIуэтэкIэм.
«Iуащхьэмахуэ» журналым, «Адыгэ псалъэ», «Советская молодёжь» газетхэм абы и усэхэр, очеркхэр, Iуэтэжхэр, нэгъуэщI тхыгъэхэр къытехуащ. Илъэс зыбжанэкIэ Джэдгъэф Борис елэжьащ Кавказ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм, абыхэм я къекIуэкIыкIам, я нобэрей гъащIэм теухуауэ 2014 гъэм «Тетраграф» ООО-м къыщыдэкIа «Кавказ. Адыги: Историко-лингвистические очерки» тхылъым. 
Зи псалъэмрэ зи IуэхущIафэмрэ зэтехуэ, зи зэхэщIыкI-гупсысэр зэтеува, екIуэкI гъащIэми абы къыщыхъу-къыщыщIэхэми зи еплъыкIэ щхьэхуэ хузиIэ усакIуэ, тхакIуэ Джэдгъэф Борис илъэс 60-м щIигъуауэ лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI. А пIалъэм къриубыдэу усэхэр, Iуэтэжхэр, тхыдэм теухуа очеркхэр зэрыт тхылъ гъэщIэгъуэн куэд адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдигъэкIащ. Абы и япэ усэхэр «Советская молодежь» газетым къытехуащ, иужькIэ къыкIэлъыкIуа тхыгъэхэр «Ленин гъуэгу» газетымрэ «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ щIэх-щIэхыурэ къытрадзащ.
«Аргудан» (урысыбзэкIэ, 1967) фIэщыгъэм щIэту Джэдгъэф Борис япэу къыдигъэкIа тхылъыр езыр щалъхуа къуажэм хуэгъэпса очеркыу зэхэлъщ. Нэхъ иужькIэ дунейм къытехьащ и Iуэтэжхэр зэрыт «ДыгъафIэ щыгу» (1969), усэхэр щызэхуэхьэса «Псынащхьибл» (1982) тхылъхэр, «Къамболэт» (1986) поэмэр, урысыбзэкIэ усэхэмрэ поэмэхэмрэ зэрыт «Мой язык – адыгский» (1990) сборникыр. 1998 гъэм «Тхыгъэхэр» фIэщыгъэм щIэту дунейм къытехьащ Джэдгъэфым и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр – усэхэр, поэмэхэр, уэрэдхэр, рассказхэр, бзэм, тхыдэм, хабзэм ятеухуа тхыгъэхэр – щызэхуэхьэса тхылъыр. 20I0 гъэм уэрэдхэр зэрыт «Мазэгъуэ жэщ» сборникымрэ «Аргудан. История поселения» тхылъымрэ къыдэкIащ. И тхыгъэхэм нэхъыщхьэ дыдэу щыпхышащ адэжь щIыналъэр гъэлъэпIэныр, хэкур, лъэпкъыр фIыуэ лъагъуныр, цIыхугъэмрэ дахагъэмрэ лъагэу Iэтыныр.
 ЩIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, Джэдгъэф Борис РСФСР-мрэ (1971 гъэм) КъБАССР-мрэ (1970, 1975, 1977 гъэхэм) ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. Лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр 2010 гъэм къратащ.
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.