ЩХЬЭЛЫКЪУЭДЭСХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР ЯГЪЭЛЪАГЪУЭ

Бокс

Осетие Ищхъэрэ – Аланием и Киров куейм хыхьэ Карджин къуажэм иджыблагъэ щызэхэтащ щIыналъэхэм боксымкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ 2011 - 2012, 2009 - 2010 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу зэпеуэм щыIащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм и курыт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи ехъулIэныгъэфI дыдэхэр зыIэрагъэхьащ. 
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Джыназ Имран (кг 36-рэ), Шыкъ Дамир (кг 38-рэ), ПщыукI Дамир (кг 36-рэ), Къашыргъэ Имран (кг 40), КIэрэф Азрэт (кг 38-рэ), Къурмэн Азэмэт (кг 40) сымэ. 
Къыхэдгъэщынщи, ПщыукI Дамир, Джыназ Имран, Шыкъ Дамир сымэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм хухаха зэманхэр икIэм намыгъэсу я хьэрхуэрэгъухэм ятекIуащ.
Зэхьэзэхуэр къызэзыгъэпэщар Карджин къуажэм дэт спорт еджапIэрщ икIи ди командэм нэмыщI абы ирагъэблэгъащ Ингушымрэ Шэшэнымрэ щыщ боксер цIыкIухэр. 
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.