Хыбжхэр зэроцIыху

Псэ зыIуту ЩIым щыпсэухэм ящыщу цIыхум нэмыщI хыбжхэрщ (хыкхъуэкIи йоджэ дельфинхэм) цIэкIэ зэджэжыр. Ар къахутащ шотланд биологхэм.
Хыбжхэм ягъэIу макъымкIэ зэрощIэ. Хым хэс гупхэм ящыщу зэрихьэлIар зэрыцIыхуу щытмэ, фий-кIий макъышхуэ къоIу, ауэ зэрымыцIыхумэ, гу зылъамытэхха хуэдэу зэблосыкI. ЩIэныгъэлI­хэм къахутащ псым хэс а псэущхьэхэр щысымаджэм, щымэжалIэм, щыпIейтейм, щы­шынэм деж ягъэIу макъхэр зэрызэщ­хьэ­щыкIыр. 
Биологхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, хыбжхэр  зэрызэпсалъэ щIыкIэм гъэщIэгъуэн куэд хэлъщ. Ахэр зэрыпсэлъакIуэм гу лъызыта шотланд биологхэм зрапщытащ абыхэм я «бзэр» зрагъэщIэну. Ахэр зэрызэпсалъэ щIыкIэр  ирагъэтхри, езы­хэм я нэIэ щIэт псэущхьэхэр ирагъэдэIуащ. Къы­зэ­рыщIэкIымкIэ, хыбжхэм жэуап щатыжыр езы­хэм я цIэр (зыми емыщхь фий макъ) щызэхахым и дежщ. Апхуэдэ дыдэуи мы псэущхьэхэр цIы­ху­хэм фIащ цIэ лейм йосэри, щеджэкIэ къокIуалIэ. Унагъуэ псэущхьэхэм къащхьэщыкIыу, хыбжхэм узэреджэ цIэр жаIэж. 
Мы къэхутэныгъэр езыгъэкIуэкIхэм яз Яник Винсент жеIэ: «Хыбжхэр цIэ зырызкIэ щIызэджэжыр здэбгъэзэну лъэныкъуэр зыкIи къыщыхэмыгъэщ­хьэхукIа хым хэсщи аращ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр гупу зэрыIыгъын хуейщ. Ахэр зэрылъагъуркъым, мэкIи зэрыщIэркъым, абы къыхэкIкIэ, зэфIэ­мы­кIуэ­дын щхьэкIэ макъ ягъэIун хуей мэхъу». 

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.