ЩIАЛЭГЪУАЛЭМ Я ЗЭПЫЩIЭНЫГЪЭР ЯГЪЭБЫДЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Адыгэ щэнхабзэмкIэ и центр ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэм екIуалIэ щIалэгъуалэр иджыблагъэ щыIащ Адыгэ Республикэм и «Адыгэ хабзэ» лъэпкъ лагерым.

Iуэхур  къызэзыгъэпэщахэм зэрыжаIамкIэ, КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэ АРИГИ-м адыгэбзэр хъумэнымрэ ар джынымрэ теухуа хэщIапIэ къыщызэIуахащ. АбыкIэ я мурадыр  щIалэгъуалэм анэдэлъхубзэр, лъэпкъ щэнхабзэр яхъумэным, яджыным, зрагъэужьыным теухуа зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIынырщ.

Мейкъуапэ къалэм и «Адыгэ хабзэ» этнографие лагерым щыIащ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар крайм щыщ студентхэр. Ди щIыналъэм щыщу абы кIуащ КъБКъУ-м и студентхэу Борыкъуей Iэминэ, Апажэ Ашэмэз, Хьэсанэ Мурат, Хьэщэ Мухьэмэд, Щомахуэ Алёнэ. Лагерым щыIа щIалэгъуалэм гу лъатащ анэдэлъхубзэр абы зэрыщагъэлажьэм, бзэм и художественнэ, щIэныгъэ зэфIэкIыр, лъэпкъ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэр хъума хъуным теухуауэ ящIэм   кIэлъыплъащ. ЩIалэгъуалэм я зэIущIэм хуагъэхьэзырат  адыгэбзэм и диалект зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, адыгэ хабзэмкIэ дерсхэр,   джэгукIэхэр,   лъэпкъ щэнхабзэмрэ   гъуазджэмрэ я цIыху цIэрыIуэхэм ят мастер-классхэр.   Апхуэдэу къызэрагъэпэщащ щэнхабзэ нэгузыужь зэхыхьэхэри. Лагерым щыIа дэтхэнэми сертификатхэр тыгъэ къыхуащIащ.

- ЩIыналъэ куэдым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр ныбжьэгъу дызэрызэхуэхъуар гуапэщ. Дерс щхьэпэхэр гукъинэж сщыхъуащ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ телажьэ цIыху гъэщIэгъуэнхэм дызэрыхуагъэзари уасэншэщ! – жиIащ Щомахуэ Алёнэ.

- Лъэпкъ хабзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ хъумэнымкIэ, адыгэ щIалэгъуалэм я зэпыщIэныгъэр гъэбыдэнымкIэ мыпхуэдэ Iуэхухэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Тлъэгъуари зэхэтхари  щIэщыгъуэ тщыхъуащ. Псом хуэмыдэу сигу ирихьащ адыгэ къафэхэмкIэ ансамблхэм я унафэщIхэр зэрыдагъэцIыхуар, - пещэ Апажэ Ашэмэз. – Пщыхьэщхьэ къэс адыгэ джэгухэр къызэрагъэпэщащ, лъэпкъ уэрэдыжьхэри щыжаIэу. Лъэпкъ хабзэм тету гуапэу драгъэблэгъащ икIи дагъэхьэщIащ.

 ЩIалэгъуалэм фIыщIэ хуащI  мы Iуэхур къахузэзыгъэпэщахэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.