Дызэригугъэм нэхърэ нэхъ губзыгъэщ

Илъэс 13 - 14-хэм ит ПIытIэ и шыпхъу цIыкIур щIы­гъуу щIымахуэ уаем Мэлгъэбэг къикIыжырт. Къаншы­уей щыщт ахэр. ДжэдыкIэ тIощI ящарэ, къыщIаха сом тIэкIум щыгуфIыкIыу, пIащIэу унэм кIуэжырт зэдэлъ­хузэшыпхъур. Зауэ нэужь лъэхъэнэт, зэманыр гугъут, езыхэри хуэныкъуэт а джэдыкIэм, ауэ гуныкъуэгъуэ гуэрым ирихулIэри, сабиитIыр гъуэгуанэ кIыхь трамыгъэувэу хъуакъым нэхъыжьхэм. Ари сыт хуэдэ гъуэгуа­нэт! Тэрч тхыцIэ жыхуаIэу, дыгъужьыкъуэм дэкIын хуейт­, бэзэрым укIуэн-укъикIыжын щхьэкIэ. ЖыпIэнуракъэ, зэи зэрамылъэгъуауэ, а щIыпIэм дыгъужьыр куэд къыщызэрыгъэхъуати, уз зэрыцIалэу зызыуб­гъуам хуэдэт.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а щIыпIэхэм автобус щызе­кIуэтэкъыми, сабийхэр лъэст. Пщыхьэщхьэхуегъэ­зэкI хъуат, цIыкIухэр емыпIэщIэкIмэ, кIыфI къатехъуэнурэ, гъуэ­щэнут. ПIытIэ и шыпхъу цIыкIур Iэжьэм иригъэ­тIысхьэри, щIигъэхуэбжьащ. Iэгъуэблагъэр уэсым щIигъэ­нати, псэ Iуту зы цIыхуи щыплъагъуртэкъым. Абы нэхъри уигъэгузавэрт. 
Арыххэу, пабжьэм зы щхъуэжь къыхэлъэтри, хъы­джэбз цIыкIум жьэхэлъащ. ПIытIэ абы зридзащ, си шыпхъур ешх жиIэри… Дэнэ кърихами, дауэ къыIэ­ры­хьами хэт ищIэрэ, ауэ ПIытIэ мэл къупщхьэшхуэ дыгъу­жьым и къурмакъейм ирихухри, итхьэлащ. Щхъуэжьым и псэр хэкIыху зиукIыжурэ къедзэкъа хъунти, ПIытIэ и Iэр зэрыщыту дзэкъапIэт, и джэдыгур зэхэчэтхъат. Арами, лIы хьэл зыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэм и шыпхъу цIыкIур къыIэщIихат хьэщхьэрыIуэм. 
СыщыцIыкIум щыгъуэ мы хъыбарыр щIэх-щIэхыурэ жаIэжу срихьэлIэрти, сымыужэгъужу сыщIэдэIурт. А щIалэ цIыкIум и пIэ сыкъихутауэ, дыгъужьым езэуар сэрауэ къызыщызгъэхъурт. Зоолог сыхъуауэ, къуэ­рылъхухэр сиIэжрэ, си ныбжьи хэкIуэтауэ, ПIытIэ и къуа­жэгъухэм яIуэтэжу иджыблагъэ зэхэсхат а хъыбарыр иджыри зэ…
АтIэ, щIалэр балигъыпIэ иувэщ, унагъуэ зэригъэпэщри, быниплIи игъуэтыжат. Зэрыхабзэщи, я адэм и хъыбар зыщIэхэм а цIыкIухэм дыгъужь шыркIэ еджэурэ, а­хэри балигъыпIэ иувэжащ, мы тхыгъэр къапэщIэ­хуэмэ, ипэжыпIэ дыдэри къаIуэтэжынкIэ мэхъу. 
Сэ а щIымахуэ пщыхьэщхьэ жыжьэм згъэзэжу, щIэ­ны­гъэ и лъэныкъуэкIэ къэсIуэтэну сыхуейт дыгъужьыр сабийхэм теуэн хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэр. Щхъуэжь­хэр нэхъыбэм зэбгъэрыкIуэр сабийхэмрэ бзылъхугъэхэмрэщ. ЦIыхубзыр лIы щыгъынкIэ хуэпами, щыуэркъым ахэр! Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм къэ­хъуауэ щыта мы Iуэхугъуэри абы щыхьэт тохъуэ. А зэманым бзылъхугъэхэм цIыхубз бостейкIэ фIэкIа замыхуапэми, Тэрч тхыцIэмкIэ тетурэ ХьэмидейкIэ иунэтIат цIыхухъу щыгъынкIэ хуэпа фыз гуэрым. КъызэрыгуэкI цIыхухъу фащэ мыхъуу, джэдыгу щыгъыжт, и бгым къамэ зэщIэлъа ищIауэ. Арами, дыгъу­жьым мэкIэ къищIэщ ар зэрыбзылъхугъэри, ебгъэрыкIуат. Ауэ абы лIыхъугу кIуэцIылъу къыщIэкIри, щхъуэжьыр хигъэщIащ. 
Абы лъандэрэ куэдым зихъуэжащ, ауэ дыгъужьыр аргуэру зэрыбэгъуам къыхэкIыу, цIыхухэм ебгъэ­рыкIуэн щIадзэжынкIэ сошынэ. Ауэ иджы, зэрыжаIэмкIэ, цIыхухъухэми зрадз!
Кинорежиссёр Михалков Никитэ къиIуэтэжу зэхэсха мы хъыбарми гу лъывэзгъэтэнут… ВертолёткIэ щакIуэ кIуат ар, зэщакIуэри щхъуэжьырт. Губгъуэм ираубыда щхъуэжьыр здэкIуари здэжари ямыщIэу бзэхат. Зы­къомрэ а щIыпIэр къалъэтыхьа нэужь, кIэбдз лъакъуитIым тету, телеграф пкъом кIэрыупсеяуэ кIэрыту гу лъа­тащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, цIыхум зригъэщхьмэ гу къы­лъамытэн къыщыхъуу, зэфIэувауэ арат щхъуэ­жьыр!
ХХ лIэщIыгъуэм цIыхумрэ щIыуэпсымрэ я зэхущытыкIэм зихъуэжри, мэз псэущхьэхэмрэ дэрэ аргуэру дызрихьэлIэжащ. ЦIыхум къыгурыIуащ щIыуэп­сым къудамэ лей къызэрыкъуэмыжыр, дыгъужьыр зэманым нэхъ Iущыж ищIащи, къызэрыддекIуэкIынури зэрыува щытыкIэм зэрыхэпсэукIынури къыгурыIуа­гъэххэщ. Абы кърикIуэну псори хэт ищIэрэ?!

Хьэтыхъу Iэубэчыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.