Иужь илъэсхэм куэд тражыIыхьащ ди къэралышхуэм, абы щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр зэхьэкIауэ фIэкIа къызэрамыIуатэм. 1990 гъэхэм къыкъуэкIа «реформатор» ныбжьыщIэхэр абыи лъэIэсат, ди блэкIар хаутэрт. ФIы зыкъытхуащIауэ фэ зытезыгъэуа КъухьэпIэр яIэтырт. Iуэхур абы хуэкIуати, ди дежкIэ псэзэпылъхьэпIэу икIи зэхэгъэкIыныгъэ хьэлъэу щыта Хэку зауэшхуэр джыным класс нэхъыжьхэм щыхухахыр… сыхьэтитI къудейт, совет цIыхухэм къыпхуэмылъытэн хуэдизу зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щхьэдагъэIухырт, нэгъуэщI лъэныкъуэхэм я гугъу ящIыххэртэкъым. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр егъэлеяуэ зэран хуэхъурт хэкупсэ гъэсэныгъэм, а лэжьыгъэр къуалъхьэжат.
Абы къишэр ди нэгу щIэкIащ, ижьи къытщIимыхуу къэнакъым. АрщхьэкIэ кIэ зимыIэ щыIэкъым.
Иджы щытыкIэм зихъуэжащ. КъытщIэхъуэ щIэблэм и Хэкур, щалъхуа лъахэр фIыуэ егъэлъагъуныр щытщ Урысейм и унафэщIхэм ирагъэкIуэкI политикэм и гъуазэу. Пэжщ, зэкIэ псори зэтеувэжакъым зэрыщытын хуейм хуэдэу. ЗэIумыбзыныгъэхэр иджыри къыхокI. Дэ псом япэу зи гугъу тщIыри ди Федерацэм хыхьэ дэтхэнэ лъэпкъми и жагъуэ ямыщIу псори зэпэшэчауэ тхыдэр къэIуэтэн зэрыхуейрщ. ГурыIуэгъуэщ мыбдеж зэгуэр пэжым политикэ мурадхэм ятещIыхьауэ трагъэуауэ щыта дамыгъэр щытехын зэрыхуейри. Псом хуэмыдэу ар цIыху лажьэншэ минищэхэм къатепсыха гуауэшхуэм щехьэлIам деж.
А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу Урысейм и тхыдэр класс нэхъыжьхэм зэрыщрагъэджыну тхылъыщIэхэр щIэрыщIэу къыдагъэкIыжын хуей хъуащ. Апхуэдэу лъэIуащ Шэшэным и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан. Упэплъэ зэрыхъунути, къаугъэр къызэрыкIар Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ зыбжанэ щалъхуа щIыналъэхэм хабзэншагъэкIэ зэрырагъэкIар къэзыIуэтэж Iыхьэрщ. Абы къыханащ СССР-м и зэманым а Iуэхум теухуауэ къагъэсэбэпу щыта псалъэхэр: «Къэрэшейхэр, къалмыкъхэр, шэшэнхэр, ингушхэр, балъкъэрхэр, кърым тэтэрхэр зэрыпхъуакIуэхэм ядэлэжьауэ ягъэбелджылахэр я лъабжьэу совет властым 1943 - 1944 гъэхэм а лъэпкъхэм я къэралыгъуэхэр СССР-м къыщытрахыжу зэрыщыту тезыр тралъхьэну - залымыгъэкIэ къуэкIыпIэ щIыналъэхэм ягъэIэпхъуэну - мурад ящIащ». ИужькIэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуащ «бандитхэм, бийм дэлэжьахэм я мызакъуэу, цIыху лажьэншэ куэдыкIейм лей кIэлъызэрахьауэ». Шэшэным и Парламентым и унафэщI Даудов Магомед и телеграм-каналым зэритымкIэ, а щыуагъэр игъэзэкIуэжыну апхуэдэ дыдэу быдэу и мурадщ Урысейм егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей. Залымыгъэ зыкIэлъызэрахьа лъэпкъхэр щыпсэу щIыналъэхэм я унафэщIхэр зыхыхьа лэжьакIуэ гуп къызэригъэпэщакIэщ.
Зи гугъу тщIы Iыхьэр къитхыкIыжын зэрыхуейм шэч къытрихьэркъым Шэшэн Республикэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и президент, тхыдэдж Гапуров Шахрудини. Абы жеIэ:
- ЦIыху акъылым къезэгъыркъым Шэшэн-Ингуш АССР-м и щIыналъэр бийм имыубыдыххауэ абы щыпсэу лъэпкъхэр нэмыцэхэм ядэлэжьауэ бгъэкъуэншэныр. Абы и закъуэкъым: шэшэнхэмрэ ингушхэмрэ фашизмэм пэщIэтын и лъэныкъуэкIэ къахьа ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, 2017 гъэм УФ-м и Президентым и УказкIэ Грознэ ЗауэлI ЩIыхьым и къалэ» фIащащ. АтIэ епцIыжакIуэхэм я къалэм апхуэдэ пщIэ къыфIащынут?» Еджагъэшхуэм и фIэщ мэхъу апхуэдэ къэгъэлъэгъуэкIэр зэрыпцIым и мызакъуэу, атIэ икIи хьэгъэщагъэуи зэрыщытыр. Гушхуэныгъэ къызэрыпхилъхьэм и мызакъуэу, тхыдэр увыфынущ щIалэгъуалэр къэзыгъэплъуи: «Апхуэдэ тхылъхэр традзэн ипэкIэ щIыналъэхэм щытрагъэпсэлъыхьын хуейщ, щIэныгъэлIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ зэреплъыр зрагъэщIэн папщIэ».
Апхуэдэ дыдэу йогупсыс шэшэн еджагъэшхуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Бугаев Абдулаи.
«Тхыдэджхэм я дежкIэ «сэтей къащIащ» псалъэм къикIыр пэжыр къагъуэтауэщ. АрщхьэкIэ дауэ лъэпкъыр бийм зэрыдэлэжьэнур, и щIыналъэр ямыубыдамэ? Нэмыцэхэм яIыгъыфар мыхьэнэшхуэ зимыIэ зы щIыпIэ цIыкIу закъуэщ. Аращ - къыдагъэкIыным и пэ къихуэу апхуэдэ тхылъхэм щIэныгъэлIхэр, жылагъуэм щыщхэр тегъэпсэлъыхьын хуейщ. Абы папщIэ зэIущIэшхуэхэри зэхуагъэсыпхъэщ. Сэ тхылъым зэтемыхуэныгъэ куэдыкIей къыщызгъуэтащ. ЯIэщIэгъупщыкIахэри, жамыIахэри, пэжу къамыIуэтахэри мащIэкъым».
Абыхэм тегъэщIапIэ ящIхэмкIэ арэзы умыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Жыжьэ дыIэбэнкъыми, ди республикэм щыщ Ташлы-Тала балъкъэр къуажэми фашистхэр дыхьакъым, ауэ адрей я лъэпкъэгъухэми хуэдэу, абы щыпсэухэри нэмыцэхэм ядэлэжьауэ ягъэкъуаншэри, я лъэпкъэгъухэм я гъусэу дашащ. ЕтIуанэрауэ, я къуажэхэр яубыдами, абы къикIрэ зэрыпхъуакIуэхэм якъуэтауэ. Уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым зы лъэпкъ псо бийхэм якъуэувэну. Апхуэдэ зэи къэхъуркъым. ЕтIуанэрауэ, епцIыжакIуэ къызыхэмыкI лъэпкъ дунейм тетакъым икIи тетынукъым. Ауэ, псалъэжьым зэрыжиIэм хуэдэу, зы щIакъуэмэ, мэл гуп псом сыт и лажьэ? Абыхэми я закъуэкъым: Iэщэ яIыгъыу икIи псэемыблэжу фашистхэм япэщIэтахэр-щэ?
ЖытIэнщи, 1957-2014 гъэхэм япэщIыкIэ СССР-м, иужькIэ Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъхэр я лъахэм зэрырагъэкIар абыхэм кIэлъызэрахьа залымыгъэ бзаджэу къыщалъытащ икIи ахэр нэсу хей щIыжыным ехьэлIа Iуэхушхуэхэр щызэфIагъэкIащ. АрщхьэкIэ ноби ящыгъупщэжакъым а лъэпкъхэм пIалъэ кIыхькIэ ягъэва бэлыхьыр.
Класс нэхъыжьхэм «Урысейм и тхыдэр» зэрыщрагъэджыну тхылъыр 2023 гъэм къыдэкIащ, куэдрэ елIэлIа иужькIэ. Иджы а зы напэкIуэцI закъуэм и зэранкIэ щIэрыщIэу традзэжын хуей хъунущ мелуан куэд хъууэ. Зы тхылъыр сом 40 нэхърэ нэхъыбэ имыуасэу ягъэувми, щIэрыщIэу къыдэгъэкIыжыным ахъшэшхуэ зэрытекIуэдэнур белджылыщ. Ауэ арыншауэ хъунукъым.