Iуэхум зэхуэдэу бгъэдыхьэркъым

Налшык къалэм и коммунальнэ IуэхущIапIэхэмрэ «Экологистика» щIыналъэ операторым и лэ­жьа­кIуэхэмрэ иджыпсту бэлэрыгъыпIэ ямыIэу къалащхьэм и къабзагъэм толажьэ. Хуабэр зэрехам щхьэкIи къэмынэу, абыхэм я нэIэ трагъэтын хуей ­мэхъу пхъэнкIий идзыпIэхэми абыхэм я Iэгъуэблагъэхэми. Иужь­рей зэманым апхуэдэ щIыпIэхэм щызэхуахьэс ерыскъыхэкIхэм плъагъуу къахэхъуащ, абы кърешалIэ псори дэнэкIи щизыкъухь хьэ, джэду хьэулейхэр, къуаргъхэр, тхьэрыкъуэхэр. 

«Экологистика»-м и лэжьыгъэм къыхэзыгъахъуэхэм ящыщщ контейнерхэм яхъуреягъкIэ кърагъэувэкI шхын щыкъуейхэр, цIыхухэм уасэ щIату драгъэшын хуей кIэрыхубжьэрыхухэр. ЛэжьакIуэхэм, ятемылъ къалэнри ягъэзащIэу, ахэр къызэщIащыпэжын хуей мэхъу, апщIондэху къапэплъэ лэжьыгъэр мэгувэ.
ПхъэкIэбжьэкIэм къыщыщIэдзауэ жьы хъуа унэлъащIэхэмкIэ иухыжу зэтралъхьа самэр дэгъэкъэбзыкIыным хьэлъэзешэ машинэрэ бульдозеркIэ сыхьэтитI-щыкIэ елэжьу, щIыпIэр тралъэщIэжын хуейщ. Къэтхьынщ нэ­гъуэщI зы щапхъи - еджапIэхэм ящыщ зым и пщIантIэр зыпхъэнкIым пхъэнкIийр ихьурэ иредзэ абдеж пэ­мыжыжьэу щыт IуэхущIапIэм и контейнерым. Ахэр зэгъэщIылIар зыкъым, абы къыхэкIыу етIуанэм къытемыхуэ лэжьыгъэр ихьащ, гу лъатэу Iуэхур ягъэзэкIуэжыху. Мыбдежым мыри къэлъытапхъэщ - IуэхущIапIэхэм яхэтщ зи пхъэнкIиймрэ кIэрыхубжьэрыхухэмрэ езыхэм я къарукIэ дезыгъэшхэр. Абыхэм и контейнерхэр мыдрейхэм къыщIагъэсэбэпын щыIэкъым. Арыншами, пщIантIэ къэс езыхэм яй яIэжщ, - мэтхьэусыхэ лэжьакIуэхэр. ИтIани, языныкъуэхэр хабзэм йобакъуэ, я щхьэм фIэкIа нэ­гъуэщI зыми емыгупсысу. 
Иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэбэрдей - Балъкъэрым хуэдэу пхъэнкIий дэшыпщIэр щымащIэ къэ­гъуэтыгъуейщ. Апхуэдэхэм я зэранкIэ къонэ и чэзум къащэхун хуей техникэмрэ зэрыIэбэ Iэмэпсымэхэмрэ. Иджыпсту къалэм и щIыпIэ псори къызэгъэпэщащ       шэрхъ зыщIэт е щIыщIагъ контейнерыщIэхэмкIэ. Ахэр тыншу яунэщI хъуащ пхъэнкIийр дэзышхэм я къару леи темыкIуа­дэу, щIыпIэ псоми нэхъ псынщIэу нэсын хуэдэу зэман нэхъыби къахудэхуэу. 
Мы махуэхэм «Экологистика» IуэхущIапIэмрэ комму­наль­нэ хозяйствэмрэ я лэжьакIуэхэм парк, лъэс зекIуа­пIэхэм щызэщIакъуэ къалэ кIуэцIым щынэхъыбэ бзиихухэмрэ шыкIуртIымейхэмрэ къапыхуа пщIащэхэмрэ ­къудамэ гъуахэмрэ. Ахэр къызэгъэпэщащ Iуэхур къатезыгъэпсынщIэ Iэмэпсымэхэмрэ техникэхэмкIэ. 
Шэрэдж Дисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.