Псори и чэзум зэфIагъэкIынущ

Тхьэмахуэ къэс екIуэкI «муниципальнэ сыхьэт» зэIу­щIэр зэхишащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэ­дзокъуэ Му­хьэмэд, министрхэр, щIы­налъэ адми­­­ни­ст­рацэ­хэмрэ къалэ округ-
ок­руг­хэмрэ я унафэщIхэр. 

Зытепсэлъыхьыпхъэ Iуэ­ху­хэм ящыщу мыхьэнэ нэхъ зратхэм язт дзэ Iуэху хэхам хэт зауэлIхэм я сабийхэр зыхуей хуагъэзэн папщIэ, иджыблагъэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ ирагъэжьа ­«Зауэм и бынхэр» проектым и лэжьэкIэр. Абы теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Миронов Николай, лъэпкъ Iуэхухэмрэ жы­лагъуэ проектхэмкIэ ми­нистр КIурашын Анзор, щIа­лэгъуалэ IуэхухэмкIэ министр Лу Азэмэт сымэ. 
 Проектым ипкъ иткIэ, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я сабийхэм кураторхэр, кIэлъыплъа­кIуэ щхьэхуэхэр хуагъэувынущ, псори школым епхауэ. Iуэхум хэпщIауэ щытынущ куратор мини 5,8-м нэс - гъэ­сакIуэхэу, егъэджак­Iуэ­хэу, му­ниципальнэ лэжьа­кIуэ­хэу, спортымкIэ тренерхэу. 
ГъэсакIуэхэмрэ егъэджа­кIуэхэмрэ лэжьыгъэм хуа­гъэзыращ, щхьэж и унэ­тIыныгъэм елъытауэ. Егъэ­джэныгъэмкIэ курсхэм я зыр щекIуэкIынущ «Мэшыкъуэ» щIэныгъэ центрым. Программэм хэтщ лекцэ ­къеджэныр, гъащIэм къы­щыхъу щытыкIэхэм хуэгъэсэныр, псэлъэкIэ егъэ­щIэныр. 
 КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ «Зауэм и бынхэр» проектым ипкъ иткIэ къыдэкIуэтей щIэблэм иджыпсту зэ­радэлажьэ Iэмалхэр иужь­кIэ щытыкIэ гугъум ихуа сабийхэм епхьэлIэ зэ­рыхъу­нур. Къэралымрэ жы­ла­гъуэмрэ къатохуэ узыхуэсакъыпхъэ щытыкIэм ихуа сабийхэр гуп мыхъумы­щIэхэм яхэмыхуэн папщIэ, якI­э­лъыплъыну. 
Къызэхуэсахэр тепсэ­лъы­хьащ Унагъуэм ехьэлIапхъэ чэнджэщхэмкIэ центр къы­зэбгъэпэщ зэрыхъунум, ар гъэсэныгъэм къызэ­ры­щы­сэбэпынум. 
И гугъу ящIащ республикэм ис щIалэгъуалэм Урысейм зэрыщыщыр зыхащIэу къыдэкIуэтеиным елэжьын зэрыхуейми. Iуэху еплъы­кIэхэмкIэ зэдэгуэша нэужь, дэтхэнэ проектми иджыри хэплъэжынущ. 
 Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ лъэпкъ, федеральнэ проект­хэм къызэщIаубыдэ ухуэныгъэхэр зэIузэпэщ щIыжын зэрыхуейм. Абыхэм яхеубыдэ цIыхухэм япэ медици­нэ Iуэхутхьэбзэ щагъуэт Iуэху­щIапIэхэр, щэнхабзэм, спортым епхахэр, комму­наль­нэ, гъуэгу инфраструктурэм зыщрагъэужьхэр. Рес­публикэм и Iэтащхьэм унафэ ищIащ къалэн ­зыщащIыжа дэтхэнэ лэжьыгъэри и пIалъэм зэфIагъэкIыну. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.