ПроектыщIэхэр утыку ирахьэ.

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэтащ «Мэшыкъуэ-2019» щIалэгъуа­лэ зэпеуэм зыщыхуагъэхьэзыр зэхуэс. «ПредМашук» цIэр зыфIаща зэхыхьэм студентхэр щаIущIащ УФ-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэм и лIыкIуэхэмрэ «Мэшыкъуэ-2019» щIыналъэпсо зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ.
Зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ, гушхуэ-ныгъэ зыхэлъ зи щIалэгъуэхэм я куэдт зытепсэлъыхьынрэ зыщIэупщIэнрэ. А псомкIи абы зыхуагъэзащ ­КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз, «Мэшыкъуэ-2019» форумым и унафэщI Донецкий Дмитрий, абы шынагъуэншагъэмкIэ и къуэдзэ Кайманов Владимир, форумым и экс­пертхэу, кураторхэу Сонинэ Еленэ, ­Кулиевэ Иннэ, хъыбарегъащIэ Iуэ­хухэмкIэ къудамэм и пашэ Черновэ Анас­тасие сымэ, нэгъуэщIхэми.
- Нобэрей зэхуэсым кърихьэлIа псоми сэлам гуапэ фызох. Утыку къиф­хьа проектыщIэхэм ящыщ куэдым хьэ­лэмэтагърэ щIэщыгъуагърэ зэ­рахэлъым шэч къытесхьэркъым. Абы ­гугъэ сегъэщI ди зэIущIэм къекIуэ­-лIа щIалэгъуалэм я нэхъыбапIэр «Мэ­шыкъуэ-2019» щIыналъэпсо зэхыхьэм хэтыну Iэмал яIэну, - апхуэдэ пэублэ псалъэкIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ Мокаев Ашэмэз. - Адрей илъэсхэм хуэмыдэу, мыгъэрей зэпеуэр ­щы­тынущ куэдкIэ нэхъ гъэщIэгъуэну, и къызэгъэпэщыкIэкIи и купщIэкIи. Фыкъеблагъэ зи юбилейр мы гъэм зыгъэлъапIэ щIыналъэпсо зэхыхьэм.
«Мэшыкъуэ-2019» зэхуэсыр зэре­кIуэ­кIыну щIыкIэм нэхъ зэпкъры­хауэ тепсэлъыхьащ Донецкий Дмитрий. Абы зэрыжиIамкIэ, щIалэгъуалэ форумыр къызэIуахынущ шыщхьэуIум и 9-м икIи а мазэм и 30 пщIондэ екIуэкIынущ. Ар Iыхьищу зэщхьэщыхауэ щытынущ. Япэ сменэм и къы­хуеджэныгъэр - «Пэрытхэм къызэщIау­быдэ унэтIыныгъэхэр» - жы­хуиIэр шыщ­хьэуIум и 9 - 16-хэм екIуэ­кIынущ. Абы къыкIэлъыкIуэнущ «Граждан жылагъуэ» унэтIыныгъэм щIэту къызэгъэпэща лэжьыгъэр. Ар шыщхьэуIум и 16 - 23 махуэхэм щыIэнущ. Форумым и иужьрей теуэгъуэр, «Сэ сыпэрытщ!» фIэщыгъэр зиIэр, шыщхьэуIум и 23 - 30-хэм къызэрагъэпэщынущ. Псори зэхэту форумым хэтынущ цIыху 3000-м нэс, мин зырыз зэхыхьэ къэс хуэ­зэу.
«Мэшыкъуэ-2019» зэхыхьэм ще­кIуэ­кIыну лэжьыгъэ псори къызэщIеубыдэ абы и къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэм: «Урысеймрэ сэрэ ттеухуауэ».
Зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэхэщ, хабзэ зэрыхъуащи, УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ лIыкIуэм и Аппаратыр, УФ-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэр, УФ-м ЩIалэ­гъуалэ IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэр, Ставрополь крайм и Правительствэр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, мыгъэрей зэ­хуэ­сыр егъэлеяуэ куп­щIафIэу, сэбэпу щытынущ. Абы и къалэн нэхъыщ­хьэр щIыналъэм и щIалэгъуа­лэм яку ныбжьэгъугъэ, зэгурыIуэныгъэ дэлъ­хьэнырщ, апхуэдэуи гупсысэ жан зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэр наIуэ къэ­щIынырщ, иужькIэ ахэр лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэмкIэ къызэгъэпэщынырщ.
Форумыр зэрекIуэкIынум теухуауэ къызэхуэсахэм епсэлъылIахэм ящыщщ Сонинэри, Каймановри, Кулиевэри. Абыхэм я къэпсэлъэныгъэхэм къарикIуа упщIэхэм жэуап зэпкърыхахэри ягъуэтащ
«Мэшыкъуэ-2019»-м хуэзыгъэхьэзыр апхуэдэ зэхуэс иджыри щыIэнущ дызэрыт мазэм и кIэух махуэм ирихьэлIэу. Зи проектыщIэхэр абыхэм ехъу­лIэныгъэкIэ щыпхызыгъэкIыф щIа­лэгъуалэр щIыналъэпсо зэхыхьэм ирагъэблэгъэнущ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.