УХЭХЭСМИ, ЩАПХЪЭУ УЩЫТЫФЫНУЩ

Израилым щыIэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэ дэлъэдапIэм и ­гъуэгу зэхэкIыпIэм и кум  ириубыдэу лъэпкъ дамыгъэм и фэеплъ щагъэуващ. Ар къэзыгупсысар Щоджэн Софиещ. Фэеплъым         и теплъэ хъунум щелэжьым, ар иджыри щеджэрт Израиль технологие институтым архитектурэмкIэ и къудамэм. Фэеплъым и проектым  щеувалIэм, псом япэу абы адыгэм и тхы­дэмрэ лъэпкъ ныпым и мыхьэнэмрэ щIиджыкIыжащ, икIи ухуэныгъэм лъабжьэ хуищIар аращ. 

Шабзищыр зэрымыджэлэным хуэдэу зыпэщIэгъэкъуащи, зэкъуэтыныгъэмрэ зэхуэдэныгъэмрэ щIагъыбзэу ящIэлъщ. Абы­- хэм я хъуреягъкIэ вагъуэ 12 - адыгэ лъэпкъыр зэрыхъу лIакъуэм хуэдизу - къегъэувэкIащ. Фэеплъыр удзыпцIэм хэту ягъэуващи, ныпым и плъыфэр абыкIэ къагъэлъагъуэ. Езы Щоджэн Софие жеIэ: «Си дежкIэ пщIэшхуэт мы фэеплъым сызэрырагъэлэ-      жьар. Ди адыгэ къуажэ дахэм и дыхьэпIэр зи хуэдэ щымыIэщ. Мы фэеплъым къаригъэщIэнущ шэрджэсхэр зыми зэремыщхьымрэ абыхэм я щIэиныр зэрыинымрэ. Дыщогугъ къэкIуэнуми ди лъэпкъ фIыгъуэхэр тхъумэфыну, ди Iуэхухэр ефIэкIуэну»...
Шэрджэсхэм Израилым журтхэм гъуэгу зэрыхухашам теухуауэ зы тхыгъэ гъэщIэгъуэн дрихьэлIащ, Аарон-Берем Шир и IэдакъэщIэкIыу. Кавказ зауэм и кIэуххэм (1860 - 1864 гъэхэм) адыгэ ­къуажэ щэ бжыгъэхэр ягъэсу абы къелахэр Хэкум икIын хуей ­щыхъуам, цIыху мелуаным нэблагъэм Уэсмэн къэралыгъуэр щхьэегъэзыпIэ яхуэхъуат. Тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, абыхэм ящыщ куэд къыщыхутат иужькIэ Израилым и щIыналъэ хъуам. ­Нэхъыбэр къуажищым дэтIысхьат, ауэ иужьым къэнэжар тIу ращ - Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ. Ещанэ жылагъуэр зыхуэзэу щытар иужькIэ къэунэхужа Хадерэ щIыпIэрат - ар шэрджэсхэм ябгынэн хуей хъуащ а зэманым техьэгъуэ узыфэр къыщыунэхури. 
XIX лIэщIыгъуэм КъуэкIыпIэ Галилеер (Кфар-Камэ зыхуэзэр) я нэIэм щIэтт бедуинхэм. Уэсмэн правительствэм Iэмал зэхуэ­­мы­дэхэр къигъэсэбэпырт и тепщэгъуэр а щIыналъэми щигъэбыдэ-ну. Апхуэдэ зы хэкIыпIэу къигупсысар Алжиррэ нэгъуэщI щIы­пIэхэмрэ къиIэпхъукIхэр абдеж зэрызэхигъэтIысхьэнырт Тыркухэм курд зауэлIхэри къигъакIуэрт, бедуинхэр зэхэзехуэн ящIу. АрщхьэкIэ зыри къайхъулIакъым.
Шэрджэсхэращ щытыкIэм зезыгъэхъуэжар. Ахэр зауэ  хуэ­IухуэщIэхэм зэрыхуэIэзэм и фIыгъэкIэ, журт къуажэхэм я гъуэгур  а щIыпIэм яхузэIукIащ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр нэхъ нэры­лъагъу щыхъуар шэрджэсхэр а щIыпIэм зэритIысхьэрэ илъэс 20 дэкIа нэужьщ. Кфар-Камэ и тхыдэ музейм, 1878 гъэм къызэрагъэпэщам, щIэлъщ а зэманым Израилым и щIым зэрыщыпсэуа щIыкIэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, Кавка- зым и щIым шэрджэсхэр хуиту щитIысыкIыу щытащ, я къуажэхэм щIыпIэшхуэхэр ирагъэубыду. Ауэ Галилее Ищхъэрэм адыгэ-хэм нэгъуэщI ухуэкIэкIэ я жылагъуэр зэкIэщIэсу щаухуащ: унэ блынхэр зэIусэу ящIурэ щIыпIэр къаухъуреихьырт. Апхуэдэу нэхъ тыншт къуажэр бийм ящыпхъумэну. Кфар-Камэ къалъытэ XIX лIэщIыгъуэм и кIэм къыщыщIэдзауэ хъума хъуа щIыналъэ нэхъ телъыджэхэм ящыщщ. 
Шэрджэсхэр дэнэ щIыпIэ къыщыхутэми, я IэкIуэлъакIуагъэр асыхьэту IупщI хъууэ щытащ. Джолан тафэм абыхэм къуажэ 13 щаухуат, Иорданием зэпрыкIри, Амман къалэри къызэрагъэ­пэщат. Ухуэныгъэм, пхъэмрэ гъущIымрэ, щIым елэжьынми ахэр зэрыхуэIэзэр абдежи нэрылъагъу щащIащ.
Кфар-Камэ щIыналъэ мыхьэнэшхуэ игъэзащIэу щытащ Уэсмэн къэралыгъуэм и тетыгъуэми ар щылъэлъэжа зэманми. Къуажэкум а зэманым щхьэл щаухуам хьэжыгъэ щахьэжыну къекIуалIэрт хьэрыпхэри, къумым исхэри, журтхэри. 1948 гъэм екIуэкIа зауэм и зэманым шэрджэсхэр журтхэм якъуэувауэ щытащ, абдеж щегъэжьауи Израилым зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэм адыгэхэр ираджэ. 
Я адэжь хэкур зыщамыгъэгъупщэу, лъэпкъ щэнхабзэр яхъумэу Кфар-Камэ дэс адыгэхэр зыхэс къэралым щыпсэухэм IуэхуфI куэдкIэ къахощ. Я анэдэлъхубзэр зэрахъумэм къыдэкIуэу, ады­гэхэм ивритри, инджылызыбзэри, хьэрыпыбзэри зэрагъащIэ, языныкъуэхэм тыркубзэмрэ урысыбзэмрэ къагъэIурыщIэ. Иужь­рей илъэсхэм шэрджэсхэм папщIэ зэхагъэува программэ щхьэ­хуэкIэ Израилым щрагъаджэ. 
Ислъам диныр зыIыгъ, адыгэ хабзэри зыхъумэ ди лъэпкъэгъу­хэм журтхэм пщIэ къыхуащI, Израилым зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэми (ЦАХАЛ) нэгъуэщI хабзэхъумэ IэнатIэхэми къулыкъухэр къыщыхуагъэфащэ. 
Гу зылъытапхъэ: ООН-м (ЮНВТО) и дунейпсо туризм зэгухьэ­ныгъэм 2022 гъэм етIуанэу иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм Кфар-Камэ къуажэ зыгъэпсэхупIэ нэхъыфIхэм ящыщу къыщалъытащ, апхуэдэуи 2023 гъэм хагъэхьащ зыплъыхьакIуэ уздэкIуэ хъуну щIыпIэхэм. Мы Iуэхур ирагъэкIуэкI къуажэ гъащIэр, абы дэлъ ­хабзэмрэ щэнхабзэмрэ, цIыхухэм я IэпщIэлъапщIагъэмрэ ­къадекIуэкI IуэрыIуатэмрэ яхъумэн мурадкIэ. Зэпеуэм къэрал ­57-м я щIыпIэу 130-рэ къыщагъэлъэгъуати, зэрыжытIауэ, нэхъ пажэ хъуахэм яхэхуащ Кфар-Камэ. Шэч хэмылъу, ар адыгэхэм я ехъулIэныгъэхэм щыщу тхыдэм къыхэнэну Iуэхугъуэщ. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.