ГъащIэр къыпхуитхыкIыжынукъым

Черниговская Татьянэ и IэщIагъэкIэ акъылым, щхьэ куцIым, гупсысэм я лэ­жьэкIэр къэзыхутэ щIэныгъэрылажьэщ. Санкт-Петер­бург дэт къэрал универси­тетым нейропсихологие, пси­холингвистикэ пред­мет­хэмкIэ щрегъаджэ, тIэунейрэ щIэныгъэхэмкIэ докторщ: биологиемрэ филологиемкIэ. Илъэс 76-м ит цIыхубзым «жьыми щIэми докIу» жыхуаIэ хьэл зэры­дэплъагъум нэмыщI, уемы­дэIуэнкIэ Iэмал имыIэу, шэ­рыуэу мэпсалъэ. Зи гугъу ищIхэри къыпфIэIуэхун ­хуей защIэщ. 

«Сэ сызэрегупсысымкIэ, щIэныгъэм (наукэм) и къару мащIэр къигъэсэбэпурэ, Тхьэ­шхуэм дунейр зэриухуар къыдгуригъаIуэу аращ. Нэхъыбэ пщIэху, дунейр ауэ сытми зэрымыщIэкIэ къэу­нэхуа гуэру зэрыщымытыр кIуэ пэтми уи фIэщ нэхъ ­мэхъу», - жеIэ бзылъхугъэ ­Iущым. 
Нэхъыбэрэ Черниговскэр зытепсэлъыхь Iуэхугъуэщ щхьэ куцIыр, акъылыр мы­хьэнэ зимыIэ къэхъукъащIэ­хэм, тхылъхэм, узыдэплъей мыхъуну цIыхухэм, фIым укъы­хуезымыджэ фильм­хэм ящыхъумэн зэрыхуейр. 
«КъыпIэрыхьэу хъуам укъе­джэ хъунукъым, - жеIэ егъэджакIуэм. - Щхьэ куцIыр ­кхъузанэкъым, абы къипхъуэ­тар къыпхуихыжынукъым. Ша­урмэ зэкIуэкIа пшхамэ, уи лъатэр Iэмал гуэркIэ пхуэ­гъэкъэбзэжынущ. Щхьэ куцIым апхуэдэу епщIэ хъуркъым, иплъхьар къызэ­рип­хы­жын хущхъуэ щыIэкъым. И кIуэцIым щхъухьым ещхьу псори къонэри, зэрыщыту еуцIэпI. КъыфIэрыхьэу хъуар абы ивмыкуэ. ЦIыху губзыгъэ къыфхэкIыну фыхуеймэ, тхылъ къызэрымыкIуэ фе­джэ, музыкэ къызэрымыкIуэ федаIуэ, фильм къызэры­мы­кIуэ феплъ. Гъуэгу тынш къы­хэвмых. Фи щхьэ куцIым хуэ­дэ зыми иIэкъым, ар фхъумэ, пщIэ хуэфщI, зефхьэ». 
«Еджэн щIыхуейр уделэ ­нэхърэ, губзыгъэу ущытмэ зэ­рынэхъыфIым и закъуэкъым, - дыщрохьэлIэ нэ­гъуэщI лекцэм. - Ар армырами гурыIуэгъуэщ. Уеджэху, уи щхьэ куцIыр зыхэпсэукI налъэхэм я лэжьэкIэр ибогъэфIакIуэ, ахэр нэхъ лъэщ, нэхъ къарууфIэ уощI. Акъы­лыр мыхьэнэ зиIэ гуэрым егупсысыху, нейронхэр нэхъ быдэ мэхъу. Иджыпсту зэ­дауэ куэд зэхыбох: цIыхум акъылыфIагъыр къыдалъху­рэ хьэмэ зыхилъхьэрэ, жа­Iэри. Шэч къытедмыхьэжу до­щIэ: цIыху щэджащэу ­укъамылъхуамэ, гений уэр-уэру ухъуфынукъым. Ауэ ­нэхъ гъэщIэгъуэныр аракъым. Гений ущIэхъун акъыл­рэ зэхэщIыкIрэ къыбдалъ­хуауэ, ар пIэщIэкIуэдэжынкIи зэрыхъунуращ бэлыхьыр. Уи адэ-анэр е уи егъэджакIуэхэр набдзэгубдзаплъэу щымытмэ, сыт пщIэнур? Си щхьэкIэ, егъэджакIуэхэм сигу ящIо­гъупэ. Псалъэм папщIэ, уи классым Моцарт щIэсу къы­щIокI. Е Пушкин? ЦIы­хуш­хуэ­хэм уасэшхуэ щIат къыдалъ­хуа хэлъэтым. Ахэр адрей цIыхухэм ещхькъым, гъэщIэгъуэну щытщ. Дэ псори зы жыпхъэм итын хуейуэ къыдолъытэри, абыхэм я хьэл къы­зэрымыкIуэхэр дигу тедгъэ­хуэфыркъым». 
Езым и къэпсэлъэгъуэхэр интернетым уэру щызэIэпах­рэ пэт, Черниговскэр жыла­гъуэ зэпыщIапIэхэм (соцсетхэм) я бийщ. КъыкIэлъып­лъын зимыIэ ныбжьыщIэхэр имычэзууэ къаIэрыхьэ щапхъэхэм ягъэкIуэду къыщохъу, акъылэгъу удэмыхъунуи ­гугъущ. 
«Уз зэрыцIалэм хуэдэщ а интернет зэпыщIапIэхэр. Егъэ­леяуэ щIалэгъуалэр егъэкIуэд, псом хуэмыдэу, иджыри гъащIэм и пIалъэр зымыгъэунэхуа ныбжьы­щIэ­хэр, - жеIэ Черниговскэм. - Дапхуэдэу ахэр зэрыпсэунур? ЦIыху хуэдэ цIыху ухъу­-ну ухуэмеймэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ. Жылагъуэ зэ­пы­щIапIэхэр къызэрыунэхурэ, тхыгъэ кIыхьхэм къеджэф студентхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу, Рим щызэфIэува щэнхабзэр, Грецием къы­щыхъуа цивилизацэр, а тхы­дэ хэIэтыкIа къомыр цIыху цIыкIум къыщIызэринэкIар зэгуэр этикеткэ фIэкIа къе­мыджэж цIыху къэунэхун папщIэт?» 
Бзэ зыбжанэм ирипсалъэ цIыхур адрейхэм зэре­фIэ­кIыр къыхигъэщ зэпытщ Черниговскэм. «Зы бзэ нэхъ­рэ нэхъыбэ зыщIэ цIыхур  зы бзэ фIэкIа зымыщIэм йофIэкI. Акъылым зиужьын папщIэ, бзэщIэ зэбгъэ­щIэ­ным щхьэпагъышхуэ хэлъщ. Абы и фIы­гъэкIэ «Альц­геймер и узым» (щыгъупщэх узыщIым) щыхъума нэхъ ухъунущ». 
Иджыри зы чэнджэщ щхьэпэ: «ЦIыху куэд я гъащIэр пцIырыпцIым ещхьу мэпсэу, иужькIэ къратхы­кIыжыну загъэхьэзыр нэ­хъей. ГъащIэм уи анэм и ныбэм узэрырищIэу къы­щIе­дзэ, ар зыщывмыгъэгъупщэ. А зыращ уиIэнур. ИужькIэ ар зэрыпхъуэжын Iэмал къы­къуэкIыжынукъым». 
Шэч хэлъкъым дэри зи чэнджэщ уедаIуэ хъуну апхуэдэ нэхъыжьхэр зэрыдиIэм. Ди мащIэр ахэр утыкум къи­зыхьэфхэрщ, абыхэм мы­хьэ­нэ езытыфхэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, «адыгэ интернетым» зэкIэ зытригъащIэр ­ауанымрэ гушыIэмрэщ. Зэгъусэу хэкIыпIэ гуэр къытхуэмыгъуэтыну пIэрэ?! 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф