Нысашэм текIуэдэж нэчыхьхэр

Унагъуэм, гъэсэныгъэм, игъащIэ лъандэ­рэ цIыхум къыдекIуэкI псэукIэ хабзэм и ­мы­хьэнэр хъумэным ди къэралми, рес­пуб­ли­кэми, акъылрэ гупсысэрэ зиIэ дэтхэнэ ­зыми пщIэшхуэ хуащI. ИтIани, гъэунэхупIэ имыхуахэр зыгъэбэлэрыгъ куэд утыкум къы­щизэрыхьым деж, иджыри къэс ды­зытепсэлъыхьыну тфIэемыкIуахэм я гугъу дымыщIу щымыхъуж гъунэм и Iуфэм дыкъыщохутэ. 

«Нысашэ ехьэжьахэм» нэхърэ гулъытэр нэхъ зэзышалIэ ди псэукIэм хэткъым жытIэмэ, куэд къытпэрыуэну къыщIэкIынкъым. АкъылкIэ убгъэдыхьэмэ, абы и мыхьэнэ пэжыр цIыхуитI зэбгъэдэувэу цIыхубэр адэкIэ езыгъэфIэкIуэн унагъуэщIэ къызэрыунэхурщ. Ауэ зи насып къэкIуэгъуэр и насыпым егупсысы­-ну Iэмал къыхуимыгъэнэным нэсащ хьэ­гъуэлIыгъуэм къарурэ мылъкуу текIуадэм. УнагъуэщIэм щIэгъэкъуэн дыхуэхъуным и пIэкIэ, нэчыхь зэпцIагъащIэр щIэкъутэжын щхьэусыгъуэхэр дымыгъэбагъуэу пIэрэ жы­дэзыгъэIэ щапхъэ куэди ди нэгум щIокI. 
Иджыпсту къэрал хабзэкIэ нэчыхьыр зытх Загс-м и лэжьакIуэуи, нысашэр езыгъэкIуэкI джэгуакIуэуи ущытын хуейкъым нысашэм ахъшэшхуэ зэрытекIуадэр къыбгурыIуэн ­папщIэ. «Кредит нысашэ» псалъэ жагъуэри уафэм къехуэхагъэнкъым. ХьэгъуэлIыгъуэ сурэтхэм щIат мылъкур зыфIэмащIэу нэ­чыхьым елъэпэуахэм я хъыбари, кърагъэблэгъэну цIыху бжыгъэм игъэгужьейуэ нысэр езыхужьэжахэри, утыкум къипхьэну емыкIу нэгъуэщI хъыбархэри дэзу дэлъщ дэтхэнэ ­къуажи къали. Зи щIалэгъуэм псынщIагъ гуэр дэплъагъункIи зэрыхъунум хуэхьэзыру щы­тыпхъэ нэхъыжь тэмакъкIыхьхэм я пIэкIэ, ­фIэгъэнапIэ пхуэщIыну щхьэусыгъуэхэм яте­мыплъэкъукI жьантIэдэсхэри къыдолыж. ЦIыху хэтыкIэ тэмакъкIыхькIэ дунейм зи пщIэр щызыгъэIуа кавказ лъэпкъхэм убэшэчыныр, мащIэкIэ арэзы ухъуныр, мылъкуаблэу ущы­мытыныр емыкIуу къызыщыхъу жылагъуэ къыздрахар дэнэ?! 
ГъэтIылъыпIэ къыдэзымыт бзэм и Iуэхур мыбдежми къыхэдмыIуу хъуркъым. Дауэдапщэ хэIэтыкIахэр нысашэм нэхъыбэу езы­щIылIэр къалэшхуэхэм дэс ди лъэпкъэгъу­хэрщ. Адыгэбзэ зыIурымылъыж абыхэм я ­нэхъыбэм Iуэхур зэфIэзыхын джэгуакIуэхэр кърагъэблагъэ, видеохэмрэ сурэтхэмрэ уз­рагъэхъуапсэу утыку къралъхьэж, гум зызыщимыгъэнщI лъэпкъ фащэри анэдэлъхубзэри тхузэблах. ЗиIэм дежкIэ хъарзынэщи, и хьэлэлщ, гуфIэгъуэ кIыхь Тхьэм хуищI. ИтIани, Голливудым е тырку сулътIаным и сэрейм щытраха фIэкIа умыщIэну зэфIах а хьэ­гъуэлIыгъуэ хэIэтыкIахэм якIэлъыплъ лэжьа­кIуэжьым апхуэдэ пхузэфIэмыкIыныр емы­-кIуу къыщохъури, и гъащIэ псор нысашэ уасэ зэхуэхьэсыным ехь. Акъыл зэгущкIэ уегуп­сысми, хабзэр щхьэхуэщ, дауэдапщэр абы щатIагъа фащэу аркъудейщ. Лъэпкъым бгъэ­дэлъ кууагъыр абы къытебгъэлъадэ зыгъэ­бырыбыкIэ цIуугъэнэм щIыхэбгъэгъуэщэн щыIэкъым. 
Зэрыщыту къэдмыщтэми, гупсысэ гуэрым дыхуамышэну пIэрэ Шэшэн Республикэм иджыблагъэ къыщаIэта, нысашэм ехьэлIа унафэхэм? Республикэм и унафэщIымрэ ­муфтиймрэ зэгурыIуэхэри, лъэпкъым щрагъэкIуэкI хьэгъуэлIыгъуэхэм Iыхьэ 14-у зэхэту мардэ ткIийхэр хуагъэуващ. ЗэхъуэкIыныгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар нысашэм текIуадэ мылъкур куэдыIуэу къызэралъытэрщ. 
1. Уасэм (калым) и инагъым зихъуэжыркъым: сом 80000-рэ шэшэн хабзэкIэ абы ды­щIагъу мэлыр, шейр, саугъэтхэр. 
2. Хъыджэбзым щыгъ бостейр шэшэн хабзэмрэ ислъам динымрэ я мардэм иту щытын хуейщ. 
3. Нысашэр унэм щащIми, рестораным щрагъэкIуэкIми, шэшэн хабзэр и лъабжьэу щытыпхъэщ. Абы емызэгъ фотосессиехэр е видео сурэтхэр техыныр, псом хуэмыдэу ахэр иужькIэ интернетым къилъхьэжыныр ядэркъым. 
4. НысащIэр унэм къыщыщIашкIэ (Iэщ­хьэубыдыпщIэ) щауэм и благъэхэм я Iэ икIыр сом мини 10-м щIигъу хъунукъым. 
5. НысащIэм гъусэ къыхуащI хъунущ цIы­хубзитI-щы, шэшэн хабзэм тету. 
6. Шэшэн хабзэм тету ирагъэхьыж пхъуантэ бжыгъэм зихъуэжыркъым, ауэ емыгъэлеи­ным хуэсакъыпхъэщ. 
7. Гуащэмрэ тхьэмадэмрэ нысащIэм и ды­щым щыкIуэкIэ, лъапIэу зыри яхьын хуейкъым, хабзэкIэ къекIуэкIым фIэкIа. 
8. Гуащэми тхьэмадэми, щыкъу анэми ­щыкъу адэми тыгъэ лъапIэ хуащIыркъым, ари къекIуэкI хабзэм тетыпхъэщ. 
9. НысащIэр япэу и дыщ щашэжкIэ, гуащэ-тхьэмадэр и гъусэми и мыгъусэми хъунущ, зэрышагъащIэхэр абыкIэ зэгурыIуэну хуитщ. 
10. Малъхъэр нысащIэм и дыщ щыкIуэкIэ, зы цIыхухъу, тIу е щы ирегъусэ. ЦIыхубзуи зы е тIу здашэ хъунущ. ЗэрыщыIэну зэманыр езыхэм яубзыху. 
11. Малъхъэм и щыкъум яхуихь тыгъэр сом мини 10-м фIэкIын хуейкъым. 
12. Малъхъэм тыгъэ къыщыхуащIкIэ, хъийм иремыкI, шэшэн хабзэм трет. 
13. Ислъам диным емызэгъ тыгъэ егъэлея псори - налкъутналмэс зэрыс Iэ­лъынхэр, шубэхэр, унэм зэрыщыIэбэ Iэмэ­псымэхэр, фэтэрыщIэхэр, машинэхэр, къи­нэмыщIхэр - хъункIэ Iэмал зимыIэщ. 
14. Зытепсэлъыхьыпхъэ Iуэхухэр Iимамхэм зэпкърахыжынущ. 
Гъунэгъухэм дадэвгъэплъей щыжытIэкIэ, запэдвгъэщIыж жытIэу къидгъэкIыркъым. Ща­хузэфIэкIкIэ, сыт ягъэ кIырэ жызыIэни щыIэщ. Ауэ уэ пхузэфэкIыр зылъагъу зыху­зэфIэмыкIым и насыпым гугъэ хебгъэ­хы­жыныр захуагъэ? «Иджыпсту пасэу къашэркъым, пасэу дэкIуэркъым» щIыжаIэр унагъуэ щаухуапхъэ ныбжьым зихъуэжауэ аракъым, щхьэусыгъуэр нысашэр зэрахудэмыхынурщ. Пэжщ, беи тхьэмыщкIи игъащIэми щыIащ. «ЗимыIэр зэзмыгъэхъуэпсэнумэ, сыт сы­щIэ­лэжьам и мыхьэнэр?» - жызыIи урихьэлIэнущ. А гупсысэкIэ пхэнжым пэлъэщыпхъэ акъылри зэрымыкIуэдыжам фIым дыщегъэгугъ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.