Дагъыстэн усакIуэшхуэм и щIыхькIэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Къэрал лъэпкъ библиотекэм тхылъ щеджэ и пэшым, НыбжьыщIэхэм я библиотекэу Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэм, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ Сабий биб­лиотекэм мы махуэхэм зэхыхьэ гъэ­щIэгъуэнхэр щекIуэкIащ совет усакIуэ, прозаик, публицист, зэдзэкIакIуэ, жы­лагъуэ лэжьакIуэ,  Дагъыстэн АССР-м и  цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Гамзатов Расул къызэралъ­хурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхь-кIэ. 

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ библиотекэм и лэжьакIуэхэм къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ Гамзатовым и ­гъащIэмрэ гуащIэмрэ икIи зэхыхьэм ­ирихьэлIэу къызэрагъэпэща «Я разным был, как время было разным» тхылъ ­дапхъэм тетхэм яхутепсэлъыхьащ. Абы ­хагъэхьащ Гамзатовым и тхылъхэу бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыдагъэкIахэр.  «Журавли» усэм, Френкель Ян макъамэ щIилъхьэу уэрэд цIэрыIуэ ­хъуам, и тхыдэм, ар Хэку зауэшхуэм хэ­кIуэдахэм я фэеплъ зэрыхъуам къытеувыIащ. ХьэщIэхэр ирагъэдэIуащ Кобзон Иосиф плёнкэм тригъэтхауэ щыта а уэ­рэдым. 
КъБР-м щылажьэ дагъыстэн лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI, республикэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Сур­хайханов Ибрэхьим зэхыхьэм хэтхэм ехъуэхъуащ Гамзатов Расул къыщалъхуа махуэмкIэ икIи псоми захуигъэзащ мы гъэр усакIуэм и илъэсу зэрагъэувам и щIыхь­кIэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм щрагъэ­кIуэ­кIыну зэхыхьэ гуапэхэм хэтыну. 
Дагъыстэн республикэм и Прави­те­льст­вэм и жылагъуэ лIыкIуэу КъБР-м ­щыIэ Гереков Магомедрасул игу къигъэ­кIыжащ Гамзатовым и гъащIэм щыщ  теп­­лъэгъуэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIыуэ илъагъуу зэрыщытари къыхигъэщащ ­икIи къеджащ «Журавли» усэм. Зэхыхьэр къызэзыгъэ- пэщахэм  абы ­фIы­щIэ хуа­щIащ я лъэп­къэгъу усакIуэм  и фэеплъыр зэ­ра­щы­­мы­гъупщэмрэ пщIэ зэры­хуащIым­рэ папщIэ.
Жылагъуэ лэжьакIуэ, литератор, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Болатов Юруслан къытеувыIащ Гамзатов Расул и щIыхькIэ къызэрагъэпэща зэхыхьэ гу­къинэжхэм. Апхуэдэхэм ящыщщ Дагъыстэным щекIуэкIа «Белые журавли» фестивалыр. Абы хыхьэу ирагъэблэгъа-хэр щыIащ Гамзатовыр ­щып­сэуа унэм.­ Болатовым къыхигъэщащ ар зэкIэ музей зэрымыхъуар, уса­кIуэшхуэм и фэеплъхэр Мэхъэчкъалэ, Истамбыл пэмыжыжьэу зэрыщагъэувар. 
КърихьэлIахэр еплъащ «Горный род-ник» къэфакIуэ гупым хэт Аттоевэ Аидэ ­игъэзэщIа къафэм. Гамзатовым и усэхэм ящыщу нэхъыфIу ялъагъухэм къеджащ къызэхуэсахэр. Зэхыхьэм хэтащ респуб­ликэм и тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ, да­гъыс­тэн диаспорэм щыщхэр, «Япэ итхэм  я зэ­щIэхъееныгъэ» щIалэгъуалэ зэгухьэ­ныгъэм хэтхэр, КъБКъУ-м и педкол­леджым, «УхуакIуэ» колледжым я студентхэр, Налшык и курыт еджапIэхэм щIэс- хэр. 
НыбжьыщIэхэм я библиотекэм къы­щызэрагъэпэщащ «Вся жизнь моя в стихах…» литературэ пшыхьыр. ЗэIущIэм щыжаIахэр къызэщIэпкъуэжмэ, нэхъыщ­- хьэу къыхагъэщащ, Дагъыстэн щIыналъэм и мызакъуэу, ар дуней псом къы­зэрыщацIыхуар, и тхыгъэ купщIафIэ-хэр къэрал куэдым зэрыщызэIэпахыр. 
ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ биб­лиотекэм щекIуэкIащ «Поэт страны гор» литературэ-макъамэ пшыхь гуапэр. Абы хыхьэу Налшык къалэм и курыт еджапIэ №23-м щIэсхэм  ягу   къагъэкIыжащ уса­кIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Библиоте­кэм и лэжьакIуэхэм ягъэува «Расул Гамзатов - певец добра и человечности» тхылъ дапхъэм еплъащ кърихьэлIахэр. 
ЗэIущIэм хэтащ икIи къыщыпсэлъащ ­УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, ­КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Беппаев Му­тIэлип, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэ­ныгъэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, лъахэхутэ, тхылъ тедзапIэм и унафэщI, тхакIуэ Котляровэ Марие.
Беппаевыр ныбжьыщIэхэм яхутеп­сэлъыхьащ Гамзатов Расул къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ екIуэ­кIыну дауэдапщэхэм хэтыну дагъыстэн щIыналъэм ирагъэблагъэу зэрыщыIам, абы иращIэкIа зэхыхьэхэм. Му­тIэлип ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ Гамзатовым и IэдакъэщIэкIхэм еджэну, абыхэм ящIэлъ гъэ­сэныгъэм, лъапIэныгъэхэм гу лъатэ- ну. Беп­паевыр еджакIуэхэм къахуеджащ Гамзатовым хуитха усэм.
Котляровэ Марие къытеувыIащ Гамзатов Расул и щIыналъэр, и унагъуэр, и анэдэлъ­хубзэр фIыуэ илъагъуу зэрыщытам. Ап­хуэдэу ныбжьэгъугъэр зэригъэлъэпIари щIи­гъужащ. Зыхилъхьэ щымыIэ и анэ­дэлъхубзэмкIэ тхэ усакIуэм фIэтелъы-  джэт Пушкиным, Лермонтовым, Есени­ным я Iэдакъэ къыщIэкIахэр.
Гамзатов Расул къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум къыпызыщэт Шэджэм   къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зе­зыхьэ и унэ-музейм щекIуэкIа зэхыхьэр. Абы къыщызэрагъэпэщащ «ХX лIэщIы­гъуэм и усакIуэхэр» выставкэр, Гамзатов Ра­сул, Кулиев Къайсын, нэгъуэщIхэми я усэхэр зи лъабжьэ уэрэдхэм я концерт. Абы хэтащ «Кредо» театрым и артист­хэр.

Тхыгъэри сурэтхэри
ТЕКIУЖЬ  Заретэ  ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф