ЩIыналъэм зыIэпишэу

Республикэм зыщызыгъэпсэхуну къакIуэ туристхэм я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуар иджыблагъэ жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис.

«Иужьрей илъэситхум республикэм къакIуэ ту­ристхэм я бжыгъэм хуэди 2,2-кIэ хэхъуащ. Дызэрыт илъэсым и япэ мазихым ди щIыпIэхэм зыщагъэпсэ­хуну къэкIуащ цIыху мин 621-м щIигъу - ар процент 12,9-кIэ нэхъыбэщ ипэ илъэсым зэрыщытам нэхърэ», - щыжиIащ Рахаев Борис республикэм и Iэтащхьэм деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэм. 
Къыхэдгъэщынщи, 2022 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщагъэпсэхуну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр ­мелуан 1,2-м щIигъуащ. Республикэм и туризмэм пыщIа IэнатIэхэм абыхэм хуащIа Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэм фейдэуэ сом мелард 11 къа­хуищIащ. 2021 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар процент 13,4-кIэ нэхъыбэщ.
Абы щыгъуэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхьым республикэм и Парламентым Зэрызыхуигъэзам къы­щыхигъэщауэ щытащ 2025 гъэм ирихьэлIэу ди щIы­налъэм зыгъэпсэ­хуакIуэ къакIуэ туристхэм я бжыгъэр мелуани 2-м нагъэсын мурад зэрыщыIэр.
Рахаев Борис зэIущIэм апхуэдэуи щыжиIащ 2023 гъэм лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелард 11 зэрыщыхухахар, 2019 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар хуэдитIкIэ зэрынэхъыбэр.
Дызэрыт илъэсым лъэпкъ проектхэр щIэгъэкъуэн яхуэ­хъуу республикэм ухуэныгъэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм, щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIахэм, псэупIэхэр къэщэхуным сом меларди 7-м щIигъу трагъэкIуэдэнущ. А Iуэхугъуэхэм къызэ­щIаубыдэ объект зэ­мылIэужьыгъуэу 80-м щIигъу.
Псалъэм папщIэ, абы хохьэ курыт еджапIэу 16, спорткомплекс, IэрыщI мыл зытелъ, лъэрыжэкIэ къыщажыхьын ­губгъуэ, лышх зыпкърытхэм щеIэзэ республикэ онкодиспансер, узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIитI, жылэр псыкIэ къызэгъэпэщыным хуэу­нэтIа объекту 16, нэгъуэщIхэри.
Абыхэм нэмыщI, спорт, еджэныгъэ, щэнхабзэ, медицинэ IуэхущIапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэ­щы­жыным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэхэр щIыналъэм иджыпсту щрагъэкIуэкI. 
Апхуэдэуи дызэрыт илъэсым автомобиль гъуэгуу ­километри 160-рэ хуэдиз, лъэмыжу, къалэхэм къапэзыкIухь гъуэгуу псори зэхэту метр 275-м нэблагъэ щыIэ мардэхэм кърагъэтIэсэнущ. Я мурадщ километр 80 зи кIыхьагъ уэ­рамхэр къэзыгъэнэху линэхэр зэIузэпэщ ящIыну. 
Псори зэхэту Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ къэрал программэу 26-рэ, щIыналъэ проекту 45-рэ: ахэр лъэпкъ проекту щыIэ 12-м хохьэ. 
2019 - 2023 гъэхэм лъэпкъ проектхэм къыщыгъэ­лъэгъуа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэным хуэгъэзауэ КъБР-м къыхуаутIыпщащ сом мелард 47,5-рэ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ  Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф