Фэращ си гъуазэр.Къуажэ школыр къэзухыу, КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм сыщыщIэтIысхьам, си псэр гу-гъэрт, пабгъэрт, пэплъэрт фIы гуэрым. Хэплъэрт дунейм си акъылыр, сечэнджэщырт гупсысэм, сыхуейт къэсщIэну къыспэщылъ си гъащIэм гукъыдэж къызэзытыну хэлъыр зыхуэдизыр. Сыхуейт си гъащIэм къызипэса цIыхугъэм и дахагъым хэзгъэхъуэну. СыщIэхъуэпсырт дунейми и гущIагъ шэрхъым щIэлъыр сытми къэсщIэну. Сыт хуэдэ акъужь пщэдей къысхуепщэнур? Сыт хуэдэ дурэш къыщыслъысыну пIэрэ гъащIэм? Сихуэну пIэрэ сыджэрэзу сэ архъуанэм? Жэуапыншэ хъуакъым си гупсысэхэр. Си хъуреягъыр сыту дахэ, купщIафIэ! ИгъэгуфIэу си нэр, нэхущ дунейр! КъысхуоIэ я псэр, сызыхащIэ, ситкъым утыкум сыкIэрахъуэу. Си псэр хуагъэныкъуэркъым хуабагъэ, псэм къоIусэ я бзий нурхэмкIэ. А дахагъым псэр догъагъэ, къызэтрегъэпщIыкI. КъыстрегъакIэ дами, сыкъытреIэтыкI. Нэхум хуеIэ щиху жыгыщIэу, уэгум зыхузоший, си псэм зыщимыгъэнщIу. Сыт яхужызмыIэми, сфIэмащIэщ: сызыхащIащ сэ гукIи псэкIи, си насыпщ сэ, си лъэр щIагъэкIащ, си гъуэгур схуаубзыхуащ, сагъэгушхуащ, сагъэлъэпIащ, Iейм сыщахъумащ, екIум сыхуашащ. Мы псалъэ гуапэ, дахэ псор яхуэгъэзащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и лэжьакIуэхэу ТIымыжь Хьэмыщэ, Гъут Iэдэм, Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Абазэ Албэч, УнэлIокъуэ Вячеслав, ХъутIэжь Заудин, Къардэн Мусэдин, Хьэщхъуэжь Заирэт, Езауэ Мадинэ, Хэжь Ленэ, Шыгъушэ Джульеттэ, Бозий Наимэ, Пэрыт Линэ, УнэлIокъуэ Лянэ, Къардэн Марьянэ сымэ. Си егъэджакIуэхэ, щымыIэ фызыхуэзгъадэ! Дахагъэу, фIыгъуэу щIым тетыр, слъэкIатэмэ, къыфлъызгъэ-сынт. Пшынэбзэ дахэм фи гъащIэр дэушэу, ди адэжь Хэкум и нэгу щIэкIа- хэр адыгэ быным къытхуэфIуэтэжу, бзэм хэлъ гупсысэр къытхузэпкърыфхыу фылэжьэну фи къаруи узыншагъи прелъэщ. Дуней губгъуэш-хуэм лъэпкъыр ипхъами, анэдэлъхубзэкIэ зэхуэфшэжыну, фи адыгагъэм лъэпкъыр къихьэхуу, быныфI фи куэду, щIэблэфI къыфщIэхъуэу, гъащIэр дахащэу фэ ефхьэкIыну сынывохъуэхъу! Адыгагъэри, дахагъэри, цIыхугъэри, къабзагъэри, пэжыгъэри, губзыгъагъэри, щэныфIагъэри, адыгэпсэри, адыгэбзэри схуэзыгъэпсынщIар, схуэзыгъэбыдар фэращ, си егъэджакIуэхэ! Срогушхуэ, сропагэ апхуэдэ цIыху нэсхэм сазэрыхуэзам.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|